Пщ1эрэ, Мамэ?!

Мамэ, Мамэ, узгъэф1энут,
Уэ узи1эжам.
Си щхьэр уэ уи куэщ1 ислъхьэнут,
Щ1эху ус1эщ1эк1а.

Мамэ дыщэ, си пщ1ыхьэп1эу,         
Зэ зызгъэлъагъуж.
Пщ1эрэ, Мамэ, адэжь пщ1ант1эм,
Нэху скъыщымык1ыж?!.

Къэзгъэнэхур ди уэрамыр
Уи гулъытэрат.
Уи махуэщ1ым удз 1эрамэу
Уэрэд пхуэзусат.

Уи 1эр си 1эгу щызгъэф1энут,
Сэ сыпхуезэшащ!
Уи чэнджэщ къызэпхьэл1энут,
Бзыпхъэу схузепхьар.

Хущхъуэу гъагъэ ажэгъумэу,
Къысхэплъхьащ зэчий!
Схуэхъуми лъахэм шык1эпшынэ,
Уэрк1э сысабийщ.

Мамэ, Мамэ, узгъэф1энут,
Сэ сыпхуезэшащ!
Си щхьэр уэ уи куэщ1 ислъхьэнут,
Тхьэшхуэм уищтэжащ!


07.02.2025гъ.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ

Си мамэ щабэ, зэи сыпк1эщ1ыхьэнукъым...


Рецензии