Нобэ уи ф1эщ хъун щ1ымахуэу...
Гъыуэ псыхъуэгуащэр нэху къек1ащ!
Щ1ым уэлбанэ ирищ1эк1ри, махуэм
Нэф1эгуф1эу дыгъэр къыкъуэк1ащ!
И ф1эщыпэщ Псыхъуэгуащэм, феплъыт?!
И уэшхыпсыр щ1ылъэм ебэк1ащ.
Тафэ лъэгум хэшхэмэ - к1элъыплъу,
Нэху щ1ышылэм гъыуэ къыщык1ащ.
Щ1ымахуэкур, мес игъэк1уэтэжу,
Джабэ нэк1ум ирехыж сэлам.
Мэз щ1ышылэр игъэнщ1ащ т1эп1ыжуи,
Дыжьын сыджу хоплъэ щ1ы щтыжам.
Нобэ уи ф1эщ хъун щ1ымахуэу?!
Псыхъуэгуащэ, дэнэ укъик1а?!
Гъатхэпс уэшхыу, ухэщащэу дахэу,
Щ1ымахуэкум уэ ущхьэщык1ащ!
18.01.2025гъ.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №125020604325