Гъатхэ лъахэ

Дыгъэ бзийхэр йоIущащэ,
Инжыдж псыхъуэу Хэку дахащэм.
И толъкъунхэр къуршыпс IэфIщ,
Жэнэт тафэу дуней уэфIщ.

Щыблэр тафэм щыхьэщIауэ,
Уафэ хъуэпскIри теужауэ,
Бжэндэхъу цIыкIухэм зыкъраш,
Жыг тIэпIахэм фийуэ пысщ.

ПцIащхъуэ цIыкIухэм  загъэщIагъуэу,
Гъатхэ лъахэм хуоплъэ лъагэу.
ГуфIэу я уэрэд ягъэш,
Къалъэтыхь, ямыщIэ зэш.

Гухэлъ макъыр гум къинэну,
Хуабэр псэгъуу къыхинэну,
Гъатхэм псэщIэ щитIэгъащ,
Зэмыфэгъуу къыщIэщащ.

Дыгъэ бзийхэр йодахащIэ,
Инжыдж псыхъуэу Хэку дахащэм.
И толъкъунхэр къуршыпс IэфIщ,
Жэнэт тафэу дуней уэфIщ!

25.01.2025гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии