Хеймрэ пц1ымрэ
Усэхэр хуаус.
Пэжым хуохъухэ телъхьэ,
Хэкум и ц1ыху нэсщ.
Пц1ым ирипагэфым,
Едз губжьауэ 1упс.
Къыф1ыщ1ощыр и фэр-
Ишхри хьэрэм 1усщ.
Пц1ы зэтезыуфауэ,
"Гъуанэдэс" жьэ 1ей.
Щхьэзыф1эф1-ф1ей 1упсхэр,
Къэнэжынщ уи дей!
Зи гур зэ1ухахэм,
Зэрамыхьэ лей!
Ф1ыгъуэ куэд къыхэхъуэу,
Ирепсэу ц1ыху хейр!
*Гъуанэдэс - клоп
18.01.2025гъ.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №125011805254