Саузэдт
Си блэкIам и гугъу хуэсщIу сыхуэжьэм,
Зэуэ куэд си гу къокIыжри зэуIуу,
Зэрызыхэу Iэпхуэамбэхэр щIызогъашэ.
Псоми ещхьу си хьэлщ сыдэбжейуи,
Адэ жыжьэу сщIэу - соIэбэж,
Бжэн къашам и шэм сэфэу къудейу,
Сы сабийу си хьэлау къызощIэж.
ФIыщIэу шыIэр къыхуищIэ бжэныхъуэм,
Абы хъушэм хъупIэфI къыхуигъуэтт,
Чэзууэрэ зэм кIуэт - Дыгъэмыхъуэм,
Адрейм деж - ДыгъафIэм щытеут.
Бжьэматэм и пIалъэ шызмыщIэм,
БжьэIуэм сыджэгуу ситащ,
Си адэшхуэм фо щыщIыхуам деж,
Вагъэсэплъыр тезыхыр - сэрат.
Илъэс пщIейм куэд мычэму си ныбжьыми,
Гу къыкIыжхэм дэрэжэгъуэ къызэт,
Сэ къэсщIэж; сиIа си нэхъыжьхэм,
"ЛIыфI!" - сыхъуну щIамычэу саузэдэт.
Сыщалъхуа хьэблэм дэса лIыжьыфIхэр,
Зэщхьыуэ псори - гуащIафIэт,
Ахэм я ныбжьыр ху егъэзэкI щыхъуами,
Гъэм щIыдзамэ, зэгъусэхэу колхозым хуэлажьэт...
Нобэ, ахэм ещхь сыхъужау,
СыIэуэлъэуэну сыхьэзырщ жэщ хъухун,
Наряд къызэзытын - сыщIэбэгми,
Тезмыгъуатэ дунейм зы бригадир.
"Уэлэхьи хьэзим", - абы трудэденкIэ сигъэлажьэтэм,
Сэ, бжысIэнур аращи ар лIы ирикъутэм,
Сызэрысабийрэ Сыжажэ Къылшыкъуэу
си жьэр-маисэщ,
ЗыгуэркIэ зэригъабгъэтэм сигу -
хуэфэщэн псалъэхэ сэ абы ауэ ездзынут.
ФIы зи гум илъ цIыхухэрщ дунейкIэ си щIасэр,
ЗыгуэркIэ къысхуей хъум Iумпэм сымыщIыну,
Сэ нэгъуэщIу си гъащIэр есхьэкIитэм,
БэIутIэIуншэу иджы сыкъэсрэт.
Свидетельство о публикации №125011408098