Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1э! -хъуэхъу

Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Лъахэ дыщэр хэбэкъуащ!
К1атэу, лъатэу Насыпыщ1эр,
Ди бжэщхьэ1ум къебэкъуащ!

Гуф1эгъуэшхуэу Илъэсыщ1э!
Хьэбли, благъи  дыножьащ!
Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Ц1ык1уи, ини  дыппежьащ!

Къак1уэ-къак1уэ, Илъэсыщ1э!
Дыщ1эращ1эу едгъэхьэк1!
Къак1уэ-къак1уэ, ди Гугъэщ1э!
Насыпыщ1эу зкъыдэшэк1!

Дегъэф1ак1уэ, Илъэсыщ1э!
Ф1ы хъуапсап1эр зи дуней!
Къыбдохуабэ ди Гурыщ1эр!
Зи псэ къабзэр тхуэщ1 къулей!

Дахэу ди гум дэ щыдгъаф1эу,
Мамыр уафэм дыщ1эвгъэкъу!
Дыузыншэу, дыф1эраф1эу,
Ди Гугъэф1хэр тхуэщ1 лэгъупыкъу!

Дыщ1эращ1эу Илъэсыщ1эм,
Ди Тхьэ, Гущэр багъуэн тхуэщ1!
Егъэф1ак1уэ ди Гурыщ1эр!
Насып гъуэгур лъагъуэ тхуэщ1!

Илъэсыщ1э! Илъэсыщ1эм
Лъахэ дыщэр хэбэкъуащ!
К1атэу, лъатэу Насыпыщ1эр,
Ди бжэщхьэ1ум къебэкъуащ!

11.01.2025гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии