Уэсыр къосыр, ину къосыр...

Уэсыр къосыр, ену къосыр,
Сщохъур уэсыр имыухын.
Уэс Нанэшхуэ зэдэтщ1ыну –
Мурад  дощ1 зытедгъэун.

Уэсым хуэдэу ди гур къабзэщ,
Дыгъэр лыду уэгум изщ.
Щхьэ матэшхуэу, нэ ф1ыц1абзэу,
Дыухуащ Уэс Нанэ йн.

Нэф1эгуф1эу, щабэу, гуапэу,
Уэсыр жьыбгъэм кърепхъэх!
Лъэгу лъэрыжэ, к1атэу, лъатэу,
Тщыгъщи, джабэм дыкъожэх!

Си шыпхъу ц1ык1ум и куэщI ису,
Хьэв шыр ц1ык1ур къытхукъоплъ.
Гуф1э нэк1ур нит1ым щ1эзу,
Уэс 1увышхуэм дыпхыроплъ.

Уэсыр къосыр, ину къосыр,
Цы1эрылъхьэу щ1ым зешэщ1.
Щхьэмыгъазэу уэсыр къосыр,
Хуохъур тафэм и 1элъэщ1!


10.01.2025гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии