Щ1ымахуэ таурыхъ
1эжьэ ц1ык1ур къетшэжьэнт.
Щ1ы1э Дадэм ар ищ1атэм,
Ар тхуэхъунут щ1эгъэкъуэн.
Ди гупсысэм и 1эф1агъыр,
Уэс Тхьэмадэм зэхихащ.
Таурыхъ гущэу и мэз щ1агъым,
Шыгу 1эжьэшхуэр къыщ1ихуащ...
Уэсыр кууэ къригъэсу,
Псей удзыфэр къытхуихьащ.
Насып кууэ къыдипэсу,
Хэти ар къыдэхъуэхъуащ.
Илъэсыщ1эм и нысащ1эу,
Псей удзыфэр къыдофыхь.
Саугъэту 1эрымыщ1хэм,
Я дахагъыр къыдоплъыхь.
Уэсыр кууэ къригъэсу,
Щ1ы1э Дадэр къытхуэк1уащ.
Саугъэтхэр къытхуигуэшу,
Таурыхъ дахэм дыхишащ.
09.01.2025гъ
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
Свидетельство о публикации №125010905587