Уэс Дадэ - Уэстепхъэ

Абгъуэп1эм ис пц1ащхъуэ бзу шыру соусэ,
Гуф1эжу къыспежьэ щ1ышылэм схуоусэ.
Зы псейкъым сэ слъагъуу мы си гур зыхьэхур,
Сэ сощ1э, сэ зыркъым дахагъэм хуэусэр.

Сэ си гур зыхьэхухэм сахэтщи, сагъаф1эу,
Щ1эблэщ1эм сдогуф1э- щ1эращ1эу дыкъофэ.
Тхьэмадэ жьэк1эхуу Уэс Дадэ-Уэстепхъэм,
Си нэгум уэс ц1ык1ухэр нэрынэу кърепхъэ.

Сэ сощ1э, сэ зыркъым дахагъэм хуэусэр,
Абгъуэп1эм ис пц1ащхъуэ бзу шыру соусэ. 
Зы псейкъым сэ слъагъуу мы си гур зыхьэхур -
Гуф1эжу къыспежьэ щ1ышылэм схуоусэ.

04.01.2025гъ.
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ


Рецензии