Уэс Тхьэмадэу Щ1ы1э Дадэ

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Къыддэуджу жьак1эху задэ.
Жа1э уэ у-Уэс Тхьэмадэу!
Саугъэтхэми хэбгъадэу!

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Таурыхъ бзум ухузогъадэ!
Угуф1эжу уакъыхэплъэу,
Къофэ ц1ык1ухэр удж зэщ1эплъэу.

Дадэу щы1эм я Тхьэмадэу,
Щ1ы1э Дадэу, Жьак1эху Дадэ!
Уемы1эбу 1эди-уади,
Боузэдыф лъэмыжхэр задэу.

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Дыкъыздэгъафэ лъапэрисэ!
Дипхъуэтауэ жьы джэрэзым,
Дырик1уэнщ сэжьей маисэм.

Щ1ы1э Дадэ, Щ1ы1э Дадэ,
Жьак1э хужьу угъурлыфэ!
Илъэсыщ1эм тохьэ тафэр!
Зэщ1оц1ыуэ псей удзыфэр!


@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
03.12.2024гъ


Рецензии