Слъэк1ам хабзэф1хэм мылъку щ1эстынт!
Бамп1эгъуэ куэди къызобжэк1.
Дунейр к1уэдыжым хуэдэу нобэ,
Мы си гур щэхуурэ къогъык1.
Зэгъунэгъуит1-1ыхьлы щы1эжкъым,
1эф1агъэр бзэхри к1уэдыжащ.
Нэхъыжь, хьэтыр, чэнджэщ-ху*ейжкъым,
Зэхэмыхьэжхэу къэнэжащ.
Хэт ар ищ1энт мыбы дыхуэк1уэну?
Псапащ1эм фыгъуэхэр тек1уащ.
Хэт зыц1ыхуар мыпхуэдэу хъуну?
Щыпкъагъэр хьэршым хыхьэжащ.
Щ1ыбфочырыуэ фыгъуэнэдхэм,
Уи гупэм деж загъэфэрыщ1.
Телъыджэ лажьэкъэ, хабзэф1хэр,
Ягъэпудыф ик1и яфыщ1?!
Сыт къытщыщ1ар? Къызгурывгъа1уэ.
Зэныбжьэгъугъэр дэнэ к1уа?!
Щхьэщытхъухэр фыгъуэу, Тхьиблыр я1уэу,
Щхьэлтет ди псыхъуэм щхьэ хуэхъуа?!
Ямыц1ыхуж нэхъыжь-нэхъыщ1э,
Нэ щ1ыбк1э хэти яубыф.
Ц1ыхуф1-Л1ыхъужь зи Хэку хуэфащэм,
И мащэр щэхуурэ къат1ыф!
Щхьэ-пщ1э хуэфащэр къалъымысу,
Лъэпкъыл1хэр 1уаху игъуэ нэмысу.
Хуэмей бзэгухьхэр джыди–уади,
Я пц1ыупсыным дыток1уадэ.
Гузавэгъуэ хъумэ зэкъуэувэу,
Ди нэхъыжьыф1хэр зэкъуэтащ.
Зэда1уэтэжу, зэш-зэбыну,
Зы нып-зы хабзэ я1ыгъащ.
1эпыхур зым–адрейм къищтэжу,
Щ1ыхьэхук1э унэхэр яузэдтт.
Ямы1эр зым-адрейм щагъуэту,
Адыгэ хабзэр зэда1ыгът.
Пщ1ыхьэп1э дахэу псэук1эф1ти!
Ар дауэ къедгъэгъэзэжын?
Мылъку псо щ1эстынт, слъэк1ам, хабзэф1хэр,
Зэман дызытетым къэсшэжынт!
@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
03.12.2024гъ.
P.S.
Фыгъуэныр япэ ирагъэщу,
Сыт щыгъуэ 1ейм дыщыщ1ап1ык1ар?
Сэ улъияр я щ1ыб ща1ыгъыу,
Зэхуэс сыт щыгъуэ щек1уэк1ар?!
Свидетельство о публикации №124120304572