Нэщэнэхэр
- Бабыщхэм удзым зыхакухьмэ, уэлбанэ хъунущ, жа1э.
- Бжыхь я зэхуакуу ахъшэ зэIахкъым.
- Бжьыным фэ куэд телъмэ, щ1ымахуэр щ1ы1э мэхъу, жа1э.
- Бжэ блыпкъым зыкIэрыбгъащIэмэ, тхьэмыщкIагъэ къишэу ялъытэ.
- БжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхмэ, узэщохьэ жаIэ.
- БжэщхьэIум утету е утесу уигу къэкIар мэхъу жаIэ.
- Бзылъхугъэм и щхьэцыпэ щыпагъэлъэлъыр махуэм и хэхъуэгъуэмрэ мазэм и хэхъуэгъуэмрэт.
- Бзэгу зепхьэну гуэныхьышхуэщ жаIэ.
- Бостей е джанэ щIыIур зэблупхыкIмэ, насып гуэр къыпхэхъуэнущ жаIэ.
- Былым букIамэ, уи гъунэгъухэр хэбныну фIыкъым жаIэ.
- Былым къозытар хущ1емыгъуэжмэ, пхуобагъуэ, жа1э.
- Былымыр, насыпыр къызыдэкIуэр бынырщ жаIэ.
- Вагъуэбэр гъавэм хэплъэмэ, къэкIыгъэхэр хохъуэ жаIэ.
- Вагъуэзэшиблым загъазэмэ, нэху мэщ жаIэ.
- Гущэ нэщI щIэбупскIэну фIыкъым жаIэ.
- Гъатхэр гъэгъа нэгумэ, бжьыхьэр гъавэ гупл1эщ.
- Гъубж махуэм Iуэху яублэртэкъым, гъуэгу техьэртэкъым.
- Гъуджэ пIэщIэкъутэну фIыкъым жаIэ.
- Гъунэгъур бий пщIыну фIыкъым жаIэ.
- ГъущIыпэ къэбгъуэтыну фIыщ жаIэ.
- Гъуэгу техьам кIэлъыпхъанкIэкъым, пхъэнкIий кIэлъадзкъым.
- Гъуэгу утету уиш и нал къыщIэхуну фIыкъым жаIэ.
- ГъуэгурыкIуэм и гъуэгу зэпаупщIкъым.
- Гъуэгущхьэм пхъэщхьэмыщхьэ жыг хэпсэну фIыщ жаIэ.
- Джэдум и щIыб мафIэм ху*игъазэмэ, уае хъунущ жаIэ.
- Джэдум уи гъуэгу зэпиупщIыну фIыкъым жаIэ.
- Джэдынэ зышхыр мастэнэк1э 1эзэ мэхъу, жа1э.
- Ежьам к1элъыджэкъым, к1элъыгъкъым, ар мыф1у ялъытэ.
- Жэп темыхауэ къэбыр хъуркъым жаIэ.
- Жэщу тхьэщIэпс-жьыщ1эпс иумыкIут, фIыкъым жаIэ.
- Зи цIэ жыпIэм игу укъокI, уи гугъу ещI жаIэ.
- Зыщ1ып1э 1уэхук1э уежьауэ къэбгъэзэж хъунукъым-уздэк1уэр къомыхъул1эну ялъытэ.
- Ипщэк1э уафэр япэу щыгъуагъуэмэ, гъэр гъэф1, бэв хъуну ялъытэ.
- Къуаргъхэр зэрызехьэмэ, уэлбанэ мэхъу е уэс къос, жа1э.
- Махуэр уэму, дыгъэр гуащ1эу къепсмэ, мыгувэу уэлбанэ хъунущ, жа1э.
- Уэшх нэужьым лэгъупыкъу къищ1мэ, уэф1 мэхъу, жа1э.
- Хьэм удз ишхмэ, уэшх къешхынущи гъавэр бэв хъунущ, жа1э.
- Щ1ым уэск1э зимыгъэнщ1амэ, уэшхк1э зигъэнщ1ыркъым, жа1э.
- Пц1ащхъуэр лъахъшэу лъатэмэ, уэшх къошх, жа1э.
Свидетельство о публикации №124112905730