Науэжь кхъахэм - в кавычках

(АУАН)

Къехъул1ати, иуц1эрэхъри зы сатыр,
Зыщохъуж хъупауэ усак1уэшхуэ.
Хьилагъэншэу, пэжым и хьэтырт,
Зы едзыгъуэ птхыфмэ, щ1ык1эншэшхуэ!

"Нэуэжь кхъахэу" уэ утетщ дунейм,
"Дзыдзэм псым зыхебгъэдзэжмэ"-уотхъэ.
"Егъэджак1уэ щ1ыхьыр" ещ1 фейцей,
Уи щытык1э гуауэ-1эрыгуэтхъым .

Ат1э, тхыфт мыпхуэдэу зы сатыр,
Уусак1уэ зэчийф1эр пэжмэ!
Пц1ы1уэпц1ышэу щыткъым - Ц1ыху хьэтыр
Елъагъуф усак1уэм!
Ф1ыт зыпщ1эжмэ!!!

@Гъуэщокъуэ Мадинэ
14.11.2024гъ


Рецензии