Хъуэхъу - Жаlэ адыгэм - Уей! Уей!

Дыгъэпсыр узыншэу къытхэпсэу,
Мазэщ1э ц1ык1ур къыттепсэу,
Гъатхэпэу, щынэхэр щыщмэ -
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Дунейр мамыру, дыбжьыф1эу,
Зауэ-банэ дымыщ1эу,
Унэщ1ыхьэ хъуэхъубжьэм-
Щыжаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Унэу ящ1ари уардэжьу,
Выжь ук1ып1э унап1эу,
Ик1ым къырихьэу-къыринэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Борэм хуэдэу Iумахуэу,
Пхъэм и махуэр я бжаблэу,
Лым и пшэрыр я шхыгъуэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Хъуни шхыни щымыщIэу,
ЗыщыщIэ щ1агъуи щымыIэу,
Гъэмин гъащIэ къагъащ1эм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Я хъугъуэф1ыгъуэхэр багъуэу,
Бэгъуахэм псапэр хащIыкIыу,
Гъэ мыщIхэм  щыхэмыкIуадэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

ЩIы бэвым уэшхыр къыхэшхэу,
Бэвым и хуабэр щытепсэу,
Трасэ жылэр щыбагъуэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Вабдзэм и махуэр щIагъалъэу,
ЩIылъэм и хуабэр щыхыхьэу,
Бэвым и щIыпIэм щытехьэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Ажэ жьакIэхухэр уфафэу,
Зы ху напIэм ху*итI исрэ,
Iэтэ щийр зы хьэсэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Унагъуэ гуэнхэр пщIырыпщIу,
Псапэ-гуапэ иращIэу,
Вы хужьыжьхэр бжьэ фIыцIэм-
Жаlэ Адыгэм, - «Уей! Уей!»

Ди Тхьэшхуэм псынщ1э къыттри1уэу,
Три1уатэр 1э ижьк1э щаублэу,
Сэмэгук1э 1уэхуф1хэр щаухым -
Жыдо1э Адыгэм, - «Уей! Уей!»


02.11.2024гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии