Щымы1э анэм нэхъ лъап1э!

Анэр дунейм и Тхьэпсэщ!
Дахэу къытхелъхьэ хьэл-щэн.
Анэр дунейм и купсэщ!
И псалъэм гур егъэин.

Анэм и нит1ыр вагъуэщ!
Жэщ лъагъуэр къыпхуигъэблэнщ.
Анэ чэнджэщ-1ущыгъэщ,
Псэм дарий щабэ хуэхъунщ!

Анэр дунейм и дыгъэщ!
Дигъэщ1эращ1эу къытхуопс.
Анэр дунейм и мазэщ!
И псалъэр гущ1эм къыщопс.

Щымы1э анэм нэхъ лъап1э,
Дахагъэу щы1эм я лейщ!
Анэр мы си псэм хуэдэщ,
Схуегъэщ1эращ1э дунейр!

01.11.2024гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии