Си Анэ - Уэращ си дыгъэр!

Си мамэ хуэдэщ си нит1ым,
Ар ф1ыщэ 1ейуэ солъагъу.
Си мамэ хуэдэщ мы си псэм,
Арыншэм уэлбанэри уэгъущ.

Си мамэ дыщэ, уэрыншэм,
Жьы къепщэм сф1ощ1 срихьэжьэн.
Си мамэ дахэ, уешамэ,
Сыгуф1эу сыныппежьэнщ.

Си Анэ - Уэращ си дыгъэр!
Уэр хуэдэ щымы1э дунейм!
Пхуэсщ1ынущ вагъуэбэр тыгъэ,
Нэхъ дахэу псом уралейщ!

01.11.2024гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ

ПСАЛЪЭЖЬХЭР:

Анэ бгъафэрэ хъурыфэ джэдыгурэ.
Анэ зимы1эм гу1эр и махуэщ.
Анэр нэщи, адэр лъэпкъщ.
Анэм и быным ху*ищ1эр ф1эмащ1эщ.
Анэм къуипэсыр гунэсщ.
Анэм къуитыр 1эф1щ.
Быныр нэм и хъуахуэщ.
Анэм и щапхъэр пхъум и бзыпхъэщ.
Анэнэп1эсыр уэсым нэхърэ нэхъ щ1ы1эщ.
Бзаджэр уи пэшэгъумэ, уи анэ мыгъуэ хъунщ.
Анэнэп1эсрэ гупк1э т1ысып1эрэ.
Сабийм адэ имы1эжмэ, зеиншэкъым, анэ имы1эжмэ, зеиншэщ.


Рецензии