Усэ - Бзэ лъэмыж бзэрабзэ

Дадэ иубзыхуащ лъэмыж,
Фщ1эрэ - мэбзэрабзэ!
Нанэ ф1ищащ  "Бзэ лъэмыж",
И бзэр адыгэбзэу!

Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм абгъуэ щащ1,
Бзэ лъэмыж бзэрабзэм.
Щынэ ц1ык1ухэм щхьэщэ хуащ1,
Ди анэдэлъхубзэм.

Пхъэщхьэмыщхьэхэр къыщок1,
Усэрыбжэ къабжу.
Махуэрыбжэщ, мазэрыбжщ,
Есэп щызэхабжэ.

Къуажэхь ц1ык1ухэр вагъуэу тетщ,
Бзэ лъэмыж бзэрабзэм.
Псалъэжь куэди фащэу хэтщ,
Бланэм ток1уэ ди бзэр.

Тхыпхъэ–щ1ыпхъэм и лъэмыжщ,
Жэрым тежу шабзэщ.
Куэду тетщ нартыху щхьэмыж,
Дыгъэм ебзэрабзэу.

Уэри къоджэ, нану ц1ык1у,
Бзэ лъэмыж бзэрабзэр.
Дыщэ пхъуантэщ, дыщэ жыгщ,
Уегъэц1ыху лъэпкъ хабзэр.

Дадэ иубзыхуащ лъэмыж,
Фщ1эрэ - мэбзэрабзэ!
Нанэ ф1ищащ  "Бзэ лъэмыж",
Дыгъэм хуэдэкъабзэщ!

@Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
31.10.2024гъ

Стихотворение к
сборнику детских стихов
"Чудесный мостик"


Рецензии