Адыгагъэм дыробжьыф1э!

(стишок по заказу спец. для  дошколят!)

Хабзэ-бзыпхъэ зымыц1ыху,
Ди жылэжь дэмыс зы ц1ыху.
Ф1эф1къым дадэ фыщ1эрейхэр,
Же1э, - "Фыщык1ыу фымыкъуейщ1ей.

Фызыпэлъэщхэр фымыщ1 ауан
Зыкъыфщыхъуу пелуан.
Тэмакъ к1ыхьу фыщыт! Зэвгъащ1э,
Гъынанэн щ1эвмыдзэ занщ1эу.

Насыпыф1эщ нэмысыф1эр!
Ехъул1энущ 1эдэбыф1эр!
Насып зиIэм шыIэ хэлъщ!
Ныбэизым и псэр нэщIщ!

Нэмысыншэр насыпыншэщ,
Нэхъуейншэу гъащIэм хэтщ!"
Хабзэ бзыпхъэ зымыц1ыху,
Ди жылэжь дэмыс зы ц1ыху.

Нэхъыжьыф1хэм пщ1э худощ1,
Жа1э псалъэр т1эу дымыщ1!
Дади нани догъэгуф1э,
Адыгагъэм дыдобжьыф1э!

31.10.2024гъ.
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии