2 Къуажэхьхэр

И бэджыхъхэр зэблидзауэ,
Щыму йощэ, хъы идзауэ.
Бзаджэ щэхум зигъэплъызэу,
Къы1эрыхьэр зэщ1екъузэ.
(Бэдж)

***
Пэ сыринэу фэ щэбащэ,
Хадэ ц1ык1ум щопэщащэ.
Мапк1э-малъэ,  дзапэ к1ыхьщ, 
Шынэуз....
(Тхьэк1умэк1ыхь)

***
Ар къыдоплъыр
Пхъэ дыкъуакъуэм.
Лъагэу мапк1э -
Ар долъей,
Лыпц1э пц1анэу, псыпц1э унэу,
Ят1эпс псыхъуэр ф1эф1щ- мэлъей.
(Хьэндыркъуакъуэ)

***
КIэр пегъэхури йопкIэж и гъуэм,
Ар псэущхьэ гъэщIэгъуэнщ.
Улъэ1эсмэ - къыпхуегъанэ,
Къыпок1эжыр - сыт пыплъхьэн?!
(Шындырхъуоу)

***
И фэр ф1ыц1эщ, и ц1эр 1ейщ,
Шатэм хуэдэу и шэр 1увщ.
Ф1эф1щи ят1эр - хэлъмэ ху*ейщ,
Уегуоуак1э къэмыхъей.
(Буйвол - хыв)

***
Зэщ1эфийеу зэхэзопщэ,
Итырыгъухэр ирещ1ык1.
Ирищ1ык1хэр зэщ1имыкъуэ,
Щым хъужыхук1э йропщэк1.
(Жьыбгъэ)

***
Шынэузу къэзыжыхь,
Алътмакъ куу сыт щыгъуи зыхь.
Лъэуэ - пк1эуэ къэзыпк1ыхь,
Зи шыр ц1ык1ур жыпк1э зыхь.
(Кенгуру)

***
Щыгъын щ1ы1уншэу,
Лыбжьэм хэлыбжьэ.
Къэк1ыгъэ лъабжьэщ-
Щах щыгъын т1ощ1.
(Бжьын)

***
Къыхуахь зи хьэлъэу,
Зи ныбэ яжьэ.
Яхьыж зи псыщ1эу,
Зы хьэмбы1у ц1ык1у.
(Хьэку)

***
Щхьэ матэшхуэу
Джэду лъэпкъ.
Бгы дахэшхуэу
Зи к1э-топ.
(Аслъэн)

***
Уафэм къик1ухьыу,
Щ1ылъэр зыгъэхуабэ.
Бгыкъум щошэсри,
Щещ1ыр унап1э.
(Дыгъэ)

***
Еджэм къыподжэж,
Ик1и щ1емыгъуэж.
Сытми къыпоIуж,
Зэй емызэшыж.
(Джэрпэджэж-Эхо)

***
Зи пэр гъущ1 папц1эу
Зи к1эр к1ы гъуанэ.
Ар здырик1уэфым
Ирок1уэ 1уданэр.
(Мастэ)

***
И къур хъурейуэ зызыгъэпщ,
Щызэрахьэу щытщ ди лъэгу.
Здыщ1эзмыхыр ц1ыху хуэмыхущ,
Ар йогъутхьэ пщым и 1эгу.
(Къубгъан)

***
Хьэфэ хъурей мэлъейри,
И п1эм имызагъэ.
Ц1ык1ухэр игъэгуф1эу,
Удын зыхэзагъэ.
(Топ)

***
Фащ1эм фэхэр иреугъуэн -
Шырыкъу здащ1 щы1эпщ1элъапщ1эщ.
1эмэпсымэ гъэщ1эгъуэнщ,
Щхьэ пхъэ к1апэу пэ гъущ1 папц1эщ.
(Дыд)

***
Гъуэжь тхъуэбзащхъуэ ласк1эм ф1элъым,
Щхьэк1эр хъуаск1эу маф1эм хелъхьэ.
(Маф1эдзыр мэс – Спичка горит)

*Ласк1э – щепка.
*Тхъуэбзащхъуэ – Сера

***
Щхьэфэр пкъутэм - дыжьын къок1,
Пкъутэм дыжьын - дыщэ къок1.
Гумызагъэм цы къыхех,
Абгъуэрынэу къырамых.
(Джэдык1э)

***
Илъмэ хьэлъэщ, нэщ1мэ псынщ1эщ,
Еунэщ1ыр шхын из шынакъ.
Е1уэтэж 1уэтэжыгъуаф1эу,
Напэтехщи фыхуэсакъ!
(Ныбэ)

***
Маф1эм пэрыхьэу Лъэпщ и 1эрык1,
Жьэгум  и1эбэу дэп къезыхьэк1.
(Пэры1эмбэ - Щипцы для углей, каминные щипцы)

***
Махуэм зыри къыхуэмей,
Дыгъэм ещ1ыр хьэпшып лей.
Жэщыр хъумэ хэти ху*ейщ,
Фэтыджэнк1э ар драшей.               
(Уэздыгъэ – Керосиновая лампа)

***
Щхьэц зытемыту
Мажьэ зезыхьэ.
Тхы къупщхьэ лант1эу
Псым хэс псэущхьэ.
(Бдзэжьей)

***
Лъэгу хъурыфэу
Щыгъын хуабэ.
Щ1ыфэ джафэу
Зи к1уэц1 щабэ.
(Джэдыгу)

***
Дамэ темытми
Уэгум щолъатэ,
Лъакъуэ щ1эмытми
Тафэм щызок1уэ.
Гъущэ къыпщыхъуми
Псы1эу зэхэлъщ,
Хьэлъэми, хужьми,
Бгыщхьэм щогъуэлъ.
(Пшагъуэ)

***
Ар къыщыфэк1э зегъэпщ,
Къэфак1уэ емынэщ.
Ар къэфамэ мэпщэхыж,
Зызыгъэпщ пщэ пц1анэщ.      
(Гуэгуш)

***
Аркъэн зепщыпщэу,
Зи бзэгу дыкъуакъуэ.
Пкъы хъурей к1ыхьышхуэу,
Ныбэгу зи лъакъуэ.
(Блэ)

***
Псыхъуэм удимышэу,
Къэ1этауэ 1ыхьэ.
Псыхъуэм удэзышу,
Гъуэгум и зы 1ыхьэ.
(Лъэмыж)

***
1эщым я жьэуап1эу,
Псы IуфитI гъуэгу зыщ1.
Куэдым я зек1уап1эу,
Псыщхьэм зэпхырыкI.
(Лъэмыж)

***
Къупщхьэншэ къэк1ыгъэу,
Бжэгъу щхьэпэр зи к1уап1э.
Ягъавэ – ягъажьэу,
Зи тхьэмпэ жьэуап1э.
(Къэб)

***
Лъы къызыщ1эмыжу
Мы шык1урт1ым.
Зи къуэпс зэбгырыжу
Зи нэк1ур бырт1ым.

* Шык1урт1ым - Шишка (сосновая).
(Къэб)

***
Бжьакъуэ зэрыпщхьэщ,
Лъакъуэншэу ц1ынэщ.
Зэрыпщхьэр и къупщхьэщ,    
Зипщхьэжыр и джанэщ.
(Нэщ1эпк1э)

***
Вэгъурэ быдэу зэщ1е1ул1э,
Зы имы1ыгъыу сурэтыщ1.
(Щтырыгъу)

***
Курылъ быдэ, кунэрылъ,
Пкъы ц1ык1у быдэу и кум илъ.
(Купкъ)

***
Гъэмахуэм щхъуафэ,
Щ1ымахуэм хужьыфэ.
Шынэкъэрабгъэ -
Уигу йомыгъабгъэ.

*Щхъуафэ - Сероватый
(Тхьэк1умэк1ыхь)

***
Сытхъу губгъуэм дыгъэпс къедэхащ1эм,
Гугъэщ1эу къритыр ф1эмащ1эу,
Абдж щ1ак1уэм, гъатхэпэр и дамэу,
Щогъагъэ уэс щ1агъым 1эрамэу.
(Ажэгъуэмэ)

***
Гъущ1 унищэм я зек1уап1эм,
Выгуи шыгуи щыземык1уэ.
А гъуэгуанэм щ1эфиихьу,
Гъущ1 шархъышхуэхэр щызок1уэ.
(Гъущ1 гъуэгу)

***
Быдэу къратыр
Щабэу зытыж.
Тек1эрэхъухьыу
Гъавэр зыхьэж.
(Щхьэл)

***
Къудамэ лъабжьэу,
Лъэужь хъурей.
Пхъэбгъухэм къыхэнэу,
Джыдэжь гъэлъей.
(Гуанэ)

***
К1апсэрыжэ,
Тхьэмпэ хъурей.
Жьауэ къищ1у,
Жыг дэжей.
(Жызумей)

***
Жэщым мэщак1уэ,
Махуэм мэжей.
Лъакъуипл1к1э зок1уэ,
Мэлъатэ – мэлъей.
(Дзыгъуэнэф)

***
Лъакъуэ гъурищу,
Зы пы1э хъурей.
Гъурищ щхьэ щимэу
Адыгэм ей!
(1энэ лъакъуищ)



 


Рецензии