Къуажэхьхэр
Бгыкъу унап1эм щобзэрабзэ.
И бгъэгу ц1ык1ур уэс-хужьыбзэу,
Насыпзехьэу къыдоубзэ.
(Пц1ащхъуэ)
***
Пэ к1ыхьышхуэу тхьэк1умэшхуэ,
Жы1эрыщ1эу пелуанышхуэ.
(Пыл)
***
Ар джэдукъым, фымыщ1 пэшэгъу,
И1экъым абы гущ1эгъу.
(Къэплъэн - Тигр)
***
Зи цыр к1ыру лъакъуэ п1ащэ,
Бжьэ фоматэр зыф1эмащ1э.
(Мыщэ)
***
Ар пшахъуалъэм щызэрахуэ,
Хьэлъэзехьэу лъакъуэк1ыхьщ.
(Махъшэ)
***
К1эрымылъмэ хуэмей ят1э,
Къыхуалъхуащи хьэршыт1ат1ым.
(Буйвол - Хыв)
***
Ди унащхьэм тет1ысхьауэ,
И бзэ 1эф1ыр къытхуреш.
(Соловей - Уэрэдбзу)
***
Зи пэр псыгъуэ къуаншэ кIыхьу
Къуалэбзу щхьэгуагуэ дахэ.
(Удод - Хьэрхьуп)
***
Бадзэуэгъуэхэм жаныбзэу
Гъуабжэ ц1ык1ухэу мэшым хэзщ.
(Перепёлка - Ныбгъуэ)
***
Псом нэхъ шыру бзу щыкъуей ц1ык1у.
(Румат1-Зяблик)
***
Шхын къыуатхэр къыхащ1ык1ыу,
Сэбэпышхуэ хадэхэк1,
Мырамысэу, п1астэ гуак1уэу,
1энэ жьант1эм ар темык1.
(Нартыху)
***
Губгъуэм итщ удз гъэгъа дахэ –
И ц1эджэгъущ Сосрыкъуэ и анэм.
(Сэтэней - Лабазник)
***
1эщхэм ф1ыуэ яшх удз хущхъуэщ,
Ар ф1эраф1эу тхьэпэ хъурейщ.
(Ф1арий - Подорожник)
***
Псэм хэпщ1ауэ нэ гъуэжь ц1ык1уу,
Къапщ1ий хужьу мэщ1эращ1э.
(Ромашка - Дадийщхьэху)
***
"Гур-гур" жи1эу ар лъэрычщ,
Къуажи жыли зэпызычщ.
(Гуэгуш)
***
Шейм хыдодзэ - Удз пэрымэ
(Душица)
***
Тесщ жыгыщхьэм зигъэпагэу,
Дзыгъуэхэм къахоплъэ лъагэу.
(Филин)
***
"Т1ык1у-т1ык1у" жи1эу т1ыркъэ ц1ык1у.
(Сыхьэт)
***
Щ1эныгъэм и 1унк1ыбзэ
(Книга - Тхылъ)
***
Бзуужь джабэхуу к1апэгъэсыс,
Пц1ыупсырейуэ жыгыщхьэрыс.
(Къанжэ - Сорока)
***
Зызыгъэпщ пщэ бацэу,
Зи пщэдыкъ данагъуэ.
Къакъэм я 1этащхьэу,
Шындэбзийм щогъуагъуэ.
(Адакъэ)
***
Мастэ куэду 1уданэншэ,
Банэ топу пф1ощ1ыр пэншэ.
(Цыжьбанэ).
***
Къупщхьэ матэр зи цей,
Мывэ лъабжьэм щожей.
(Шылъэгу)
***
Зи лъэдийхэр псыгъуэ ц1ык1уу,
Зи к1э бацэр къезлъэфэк1.
Къуейщ1ейныр зи хьэлщэну,
Имей шхыныр игу имык1.
(Бажэ)
***
Хьилэщ - ещ1э Iэмал куэд,
Мэл - бабыщхэр тфIегъэкIуэд.
Къуажи - жыли зэщ1ищыхьу,
Къэгъэпц1ак1уэм лъок1ыр куэд.
(Бажэ)
***
Унащхьэ тхыц1ак1уэ,
Шындэбзий зек1уап1э.
Дзыгъуэ к1уап1эр зи гъуэгу.
Зи к1э ц1ык1ур зыгъэджэгу.
(Джэду)
***
Шащхьэр трихуми джэгурейщи,
Щ1игъэкъуанц1эу нэхъурейр,
Щабэрык1уэу, ар къуейщ1ейми,
Нанэ п1экум щегъэжей!
(Джэду)
***
Хужь - гъуэбжафэхэу 1эпап1э
Телъщ. Бгы - мэзхэр и зек1уап1эщ.
Гъэр къэсыхук1э и бжьэр ф1ок1,
Лъакъуэжэрхэм кърахьэк1.
(Щыхь)
***
Ар зэ папщ1э пф1ощ1ыр гъуджэ,
Лъэгу-лъэрыжэу гукъыдэжщ.
1эди-уади имы1ыгъыу,
Псышхуэм хуохъур и лъэмыж.
(Мыл)
***
И щхьэр ину хьэлъэзехьэ,
Ц1ык1унит1эу 1уэху зезыхьэ.
(ХъумпIэцIэдж)
***
Занщ1эу йопхъуэ ар дыгъуакIуэм,
Егъэшынэ, щIегъэпхъуэж,
Унэ-пщ1ант1эм и хъумакIуэщ,
Ар пэж дыдэу ди ныбжьэгъущ.
(Хьэ)
***
Лъакъуэ имы1эу,
Унэм щызок1уэ.
Хуащ1ми - Iуахыжыр,
Iуахми – хуащIыж.
Жэщыр къэсамэ,
Зегъэпсэхужыр,
Къик1уа щымы1эу,
Ар мэтыншыж.
(Бжэ)
***
1упэ плъыжьу лъакъуэ гъур,
Зызыгъэпщу зи макъ гъум.
Зи шыр ц1ык1у къэрабэ гъуэжь,
Уек1уэтал1эмэ - бзаджэжь.
(Къаз)
***
Дэнэ дежи тк1эрымык1,
Зэш имыщ1э, игу димык1.
Ц1ут1 жимы1эу ныбжьэгъу щэху,
Дызэрызу мэщыр нэху.
Зэм уафэгум ар йохьэж,
Зэм аргуэру къыдгуоувэж.
Пщэдджыжьыпэм нэхущ вагъуэу,
Дыкъегъуэтыжыр и щ1эщыгъуэу.
(Ныбжь)
***
Жьауэ хъумэ, зегъэпсэху,
А зэ закъуэм къытк1эроху.
Зэш имыщ1эу тщ1эр ещ1эж,
Ауэ к1ыф1ым мэк1уэдыж.
(Ныбжь)
***
Сыт нэхъри нэхъ хьэлъэу лъэнк1ап1э щ1эх,
Сыт нэхъри нэхъ 1эф1у нэм и псэр 1узых.
(Жей)
***
Пщ1эгъуалащхъуэу лыпц1э пц1анэ,
Псыпц1э унэу хьэ лъакъуэжь.
Куафэ щхъуант1эу нит1ыр къопщри,
Кумбым йопк1э - псым хопк1эж.
(Хьэндыркъуакъуэ)
***
Ц1ык1уи ини яф1эф1ыбзэщ,
Хуагъэфащэ нэхъ бзэ 1эф1.
Дыщэ к1анэу драдзей,
Гущэм хапхэ - ягъэжей.
(Сабий)
***
Къуршхэм къелъэу къожэхыфыр,
Ауэ къуршхэм дэмыкIыф.
Лъакъуэ щIэткъым - къежыхьыфыр,
КъуакIэм гъуджэу щоджэгуф.
(Псыжэ)
***
"Гур-гур" жиIэу тоуэ - къофэ
(Гуэгуш)
Свидетельство о публикации №124101904136