ФIэкIыгъуей
Лъэмакъыншэу укъэкIуау -
Сыт сыкъыщIепхуэкIыр?
Тэмакъ кIыхьу сыкъэбгъуэтау,
Жэщтеуэу укъыстоуэ.
Ди жылэр зи инагъым,
Дэс хъунщ си нэмыщIи,
Уемыджэу къызэщыбгъэум,
Зыгуэрхэр иуцIырхъыну.
Уэ, сэ къыпэнскIухьрэ пэткIэ,
Ухэтщ - сыщIэпIшIэну,
Сызыхуэхей IэщIагъэр
Си пщэм къыдэплъхьэну?
МахуитI ипэ хьэгъуэлIыгъуэ сыщиIами,
Фадэ ткIуэпс измыфу Iэнэм сыщысащ,
Щхьэгъэрытам сыкъыщIарэ пэткIэ,
Iым! - жимыIэу сыфIэкIащ!..
Илъэс бжыгъэ хъуащи -
Уэ си натIэм уикIыркъым,
Тхэныр зэрыхыфIэдзэу,
Нэхъ лейу - укъыслъоятэ.
Сэ, сыкъэзыцIыхухэм,
КъырахьэкI - сы бегъымбару,
ЗэрымышIэкIэ къалэмыр бзэщхъум -
Бжы теслъхьауэ - уанэмыгъуэ.
Ныкъусэну сэ дунейм щыслъагъум,
Сыхуэмейу си гур зыщагъауэ,
Сэ си Iэдакъэм къыщIэкIхэр цIыхухэм къахуэщхьэпэну сщIатэм,
Си лъэпкъ уардэм жей симыIэу сыхуэлэжьэнут.
ИлъэсипщIкIэ узэIэбэкIыжым -
Партым сыхагъэхьэну Iуэху къаIэтауэ щытащ,
Ар, зэпыуа щIэхъуау щытам,
Тэрэзу и гугъу сщIарэт щыжысIэ куэдрэщ.
Си адэшхуэр кадетам сэ силажьэр сытыт,
Си адэ Мухьэмэд коммунистрэ пэт,
Жьы пхэнж къысхуригъэпщат фадэр зи нэрыгъ - Парткомым,
Ер зи пэ хъуным, сигъэщщIри гузэрыдзэ,
Зи талайкIэ, лэжьыгъэм сигу хыхьакъым,
Партым сызэрыхыхьэну тхылъымпIэ иIыагъахэр IэщIэкIуэдари,
ГъэпкIау сыкъигъэнащ.
Согъэунэхури, музэм зыкъысщIэпIщIау,
Нэху мыщым укъысхуакIуэр,
Хьэдрыхэ здэсхьыну сигугъау щыта щэхур,
Сатей къэзыбгъэщIыну укъазэнахуэм: бжы ар къохъулIауэ.
1984 гъ.
Свидетельство о публикации №124100200043