Кърагъуэтэнтэкъым
Алыхьым къэру къызимытами,
Ар сэ, къысхуэупсащ акъылкIэ,
ЦIыхухэм я гукъэйуэр, псалъэкIэ яхуэзгъэщэбэну.
Сэ, абы зыщIезгъэхым,
АдыгэцIэ зиIэм и гу къырызебгъэ,
Сыт хуэдэ IэнатIэ сыIумытами,
Си щхьэм ирижэрт, къысхуащIмэ дагъуэ.
Сэ зесхьэ Iуэхум фIы къысхуэдекIуэм,
Зи фIыщIэр, ди щхьэщыгум Итырщ.
Езыр сымылъагъуу, тхэным си насып хэлъу къызжезыIар,
Абы, къысхуимыгъэкIуамэ сщIэркъым?
Диным цIыхухэр щыIуагъэщтым,
А бетэмал сыхамылъхуарэт
Пасэу Тхьэм зыхуэзмгъэзами
Жагъуэу силъэгъуау къыщIэкIынкъым.
ЩIыхуэщхуэ нэмазкIэ стелъми,
Иджы щIэздауэ сопщынэ,
Тездэу Чэбэм сымыкIуами,
Тхьэм солъэIу, си гуэныхьхэр къысхуигъагъэгъуну.
Сэ зесхьэ Iуэхум мыхьэнэ езмытыр,
Хэту щытми и напэр фIыцIащ,
Дунейр къызэрыхъуэрэ сэ цIыхухэр зэзущткъым,
ЗэрымыщIагъэкIэ "чохъу" жоу макъ къэIуамэ-зэуэ Iэжьэгъуу соувыр.
Нобэ си ныбжь хэкIуэтами,
Iэнэ къулейхэм сырагъэблагъэ,
Дапхуэдизу, абы фадэфI темытми,
Пысчауэ, абыкIэ нэхъу-нейу сымыIэбэ.
Сэ хъуэхъуу жысIар тхыжауэ сиIатэм,
Ар хьэкът, тхылъ Iув зэрыхъунур,
Дапхуэдизу, жьэражьэу семыфами,
Си жьэм псалъэ Iей къезгъэкIуаэ абы кърагъуэтэнтэкъым.
Свидетельство о публикации №124100107867