ФемыдаIуэм

Адыгэхэм кхъуэлыр я хьэрэмми,
Ар псэууэ зыльзым кIэщIэлъхьэнкIэ пщIэ къатенэкъым.
Дунейм, белэм - бешэму утемытым,
У бегъымбарми, дзы къыпхуагъэтынущ.

А уз зэрыцIалэм хъущхъуэ зэримыIэр,
Уриплъэм Iэхум - гукъейуэщхуэщ,
Хьэдэгъуэдахуэ - лъэпкъыр зыгъэужэкъум,
Зэрану адыгэхэм къахуихьэр пхуэжыIэнкъым.

Дыщэ - дыжьыну нэхъыжьхэм къагъэна
          Адыгэ хабзэр яIэрэ пэт,
Аби, жьэмыгъуэхэр тIэкIу имыгъэIэсэ,
Жыжьэу къаплъэ жэгъуэгъухэр щIэгэ ямыIэу ягъэгуфIэу зырзым хуопсалъэ.

Жьыр, къыздепгуэнур дэнэкIэми къащIэфу,
Тетщ зы лъэпкъ Iущ гуэр дунейм,
Абыхэм я фэм декIа хьэзабым хуэфиз,
Дэри дгъэва пэтрэ - аби Iущ дищIакъым.

АдыгитI зэтезагъэу иджы благъэ щьхьэм,
Ер, ди лъэпкъ уардэм и гухьэм къырикIуэнущ,
Жеймыхъум зывмыIэжьэу фемыдаIуэм,
АдыгэцIэ зиIэм: Уэхьэхьей! - тыральхьэ уанэ мыгъуэр.

Ди щъьэщыгум Итым хуэжыIэщIэхэр,
Я хуэжомыIэнуIэуэ я жьэм х у и т щ,
Алыхьыр аразы зыхуэхъунхэм,
ЦIыхур! - дунейм зэрытетын х у е й р ехьэкI имыIэу дагъэлъагъуу.

Нэрыбгэм я нэхъ быдэм и нэпс къезгъэкIуэну,
АдэкIэ сыпсалъэм, сэ си къэрущ,
Ди лъэпкъым и вагъуэр ижыну зыфIэфIэхэм,
Зэдейуэ - дапэвгъэув.

Iуэщхьэмахуэ нэбгъузкIэ мыхъуми ялъэгъуну я нэ къыкIыу,
Дуней, щIэщIыIум тетщ адыгэ куэд,
Ахэм, хьэтыр гуэр фэ яхувиIэм,
Зым-зым псэу - мащэ къыхуэвмытI.
                2024 гъ.


Рецензии

Завершается прием произведений на конкурс «Георгиевская лента» за 2021-2025 год. Рукописи принимаются до 24 февраля, итоги будут подведены ко Дню Великой Победы, объявление победителей состоится 7 мая в ЦДЛ. Информация о конкурсе – на сайте georglenta.ru Представить произведения на конкурс →