Плъыфэхэр - цвета в скороговорках

ПЛЪЫФЭХЭР ПСЫНЩ1ЭРЫПСАЛЪЭУ - цвета в скороговорках

ЧЁРНЫЙ ЦВЕТ

Ф1ыц1э! ф1ыц1э,
Къарэ-ф1ыц1э!
Хьэку ф1амыщ1у зи фэр ф1ыц1э!
Къарэ ф1ыц1эу,
Ф1ыц1э, ф1ыц1э
Узэхэлъщ к1агъуасэ ф1ыц1эу!


БЕЛЫЙ ЦВЕТ

Хужь чэсейуэ уэс хужьыбзэ.
Шэ тхъурымбэу хужь дахащэ!
Хужь чэсейуэ шэ хужьыбзэ.
Шэ тхъурымбэу уэс дахащэ!


СИНИЙ ЦВЕТ

Щ1ыху! Щ1ыхубзэ,
Щ1ыху дахащэ!
Зэфэзэщу уафэм щолэ!
Щ1ыху дахащэу,
Щ1ыху! Щ1ыхубзэ!
Хуохъу уанэгу лэгъупыкъум-щоблэ. 
 
 
ЗЕЛЁНЫЙ ЦВЕТ

Щхъуант1эщ удзыр,
Удз удзыфэщ,
Гъатхэр гъагъэм тафэр елэ!
Удз удзыфэу
Щхъуант1э удзым,
Удзыфабзэу джабэр елэ.


КРАСНЫЙ ЦВЕТ

Плъыжь IэфIыбзэщ
Ди шэдыгъуэр!
Плъыжь-плъыжьыбзэщ
Мэзшэдыгъуэр!
Ди шэдыгъуэр
Дэп плъыжьыбзэщ!
Мэзшэдыгъуэр
Плъыжь IэфIыбзэщ

***

Плъыжь! Плъыжьыбзэу
Дэп жьэражьэр,
Дэп плъыжьыбзэу
Маф1эм щожьэ!
Дэп жьэражьэр,
Плъыжь-плъыжьыбзэу,
Маф1э плъыжьым,
Дэпу щожьэ!


ЖЁЛТЫЙ ЦВЕТ-ГЪУЭЖЬ
БЖЬЫХЬЭ ДЫЩАФЭ

Феплъыт, бжьыхьэ щхъуэкIэплъыкIэм
И зэрыджэ бостеикIэм!
Кхъуэщыныфэу, зигъэфафIэу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещIыр къафэ.
Феплъыт! Гъуэжьрэ, ар дыщафэу,
КъещI жыгыщхьэхэм удж къафэ!
Зиукъуэдиймэ ар Къырыщхьэм,
ПщIащэ дыгъэу къыпхоплъ бгыщхьэм.

И зэрыджэ бостеикIэм,
Лъахэр гуапэу зэщIехуапэ.
Дыщэплъыфэу а къафэкIэм,
Жэпыр хуохъур хуатэ щабэ.
Тхьэмбылыфэу, зигъэфафIэу,
Тхъуэплъ-гъуэжьыфэу къещIыр къафэ.
ЩыджэрэзкIэ щхъуэкIэплъыкIэу,
Сытуи дахэ бостеикIэр!..

* ЩхъуэкIэплъыкIэ- Цветастый, яркий, пестрый.
* Кхъуэщыныфэу- Коричневый, гъуэжь–фIыцIафэу щыт
* Тхъуэплъ-гъуэжьыфэ-Румяный. Плъыжьрэ кхъуэщыныфэрэ зэщIэту.
* Дыщафэ, дыщэплъыфэ- Золотистый. Зи теплъэр дыщэм и фэм ещхь.
* Тхьэмбылыфэ- Розовый, плъыжь фагъуэ, хужьыфэ зыщIэлъадэ плъыж


13.07.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ


Рецензии