Тхьэмахуэм и махуэхэр - дни недели
Упэублэщ, унэхъыщхьэщ!
ГЪУБЖК1Э блыщхьэм адыгэжь,
Вагъуэрыбжэу ныпедзэж.
БЭРЭЖЬЕЙР ещанэ махуэщ,
Лъакъуищ 1энэ хуохъу тхьэмахуэм!
МАХУЭКУ махуэр къоуджэк1,
Хэти хуэгуэпэн хулъок1!
МЭРЕМ махуэр махуэ лъап1эщ,
Нанэ ещ1э щэхуу псапэ.
ЩЭБЭТ махуэр ц1ык1ухэм тф1эф1щ,
Дадэ и бзэр псом нэхъ 1эф1щ!
Воскресеньер – ар ТХЬЭМАХУЭЩ,
Зэхуещ1ыж абы тхьэмахуэр!
Адыгэбзэм ирипагэу,
Ди нып дахэр е1эт лъагэу!
12.07.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
Свидетельство о публикации №124071204391