Иугъащ1э! - уэрэд
Дыгъэр, вагъуэхэр зэк1ужщ.
Иугъащ1э мы ди тафэр!
Тафэ псом я нэхъыф1ыжщ.
ЕЖЬУ:
Иугъащ1э адыгагъэм!
Иугъащ1э зэш-зэкъуэш!
Иугъащ1э ныбжьэгъугъэм!
Иугъащ1э адыгэш!
2. Иугъащ1э ди бзэ гуак1уэм,
Нартыжь лъэпкъым ар дэщ1ыгъущ!
Иугъащ1э хабзэ лъап1эм!
Адыгэгу нэмыск1э щызщ!
ЕЖЬУ:
Иугъащ1э адыгагъэм!
Иугъащ1э зэш-зэкъуэш!
Иугъащ1э ныбжьэгъугъэм!
Иугъащ1э адыгэш!
3. Сыту дахэ ди лъэпкъ фащэр!
Ар Кавказым и нэджыджщ.
Ар и бзыпхъэщ гъунэгъу гуащэм,
Бзыпхъэ псом я нэхъыф1ыжщ.
ЕЖЬУ:
Иугъащ1э адыгагъэм!
Иугъащ1э зэш-зэкъуэш!
Иугъащ1э ныбжьэгъугъэм!
Иугъащ1э адыгэш!
06.07.2024гъ
@ @Гъуэщокъуэ-Жумай Мадинэ
*Нэджыдж – хрусталик
*Нэкугъуэ - зрачок.
*Нэ гъунэ - радужная оболочка.
*НэджащIэ - глазное дно.
Свидетельство о публикации №124070603821