Щабэрык1уэр пц1ащхъуэм хуолъэ
И макъ дахэм хуэнэпсейщ.
Йощэ - щысми, йощэ - щылъми,
Щабэрык1уэр мэкъуейщ1ей!
"Тызошэфыр дзыгъуэр мылым,
А-хьей, сыщ1къым мыхьэмышх.
А щыкъуейм и шынэ хьэлым,
Сигур тепщэу сщодыхьэшх.
Солист сыхъуну си мурадщи,
Жа1э – "Макъыр пхуэмыгъэхъу!
Зыбгъэщатэу, 1ук1ыт аддэ,-
Бзу мэкъамэр нэрылъагъу!
Уежьууфкъым уэрэд Щхъуэжьыр!
Къомыхъул1э! Къащымыхъу:
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм джэдуужьыр,
Уэрэджы1э уахуэмыхъу!"
Мис аращи, бзум сахуолъэ,
Согурым, сахудоплъей.
Сощэ - сщысми, сощэ - сщылъми,
Я макъ дахэм схуэнэпсейщ!"
29.06.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
*ЩХЪУЭЖЬ - матёрый (чаще о волке).
Матёрыё волк, матёрый кот.
Свидетельство о публикации №124062903577