Шэрджэсым ипхъу ц1эры1уэ!
/Шэрджэс Марьят и 80-м ехъул1эу./
Гуащ1эдэк1 хьэлэлым и лэжьак1уэу,
Шэрджэс гуащэ - адыгэ пхъу нэс,
Удэгъагъэу адэжь хабзэм, ек1уу,
Уи хъыбарыр жыжьэ дыдэ нос.
Гуф1эм ядэп1эту я гуф1эгъуэр,
ГузэвАм лъэнк1ап1э уахуэхъуфт.
Чэнджэщэгъу уахуэхъуу уи гъунэгъухэм,
Напэр, щ1ыхьыр, хабзэр зэпыпщ1эфт.
Звеньевой ц1эры1уэу гупсэ къабзэ,
Уи ф1ыщ1эшхуэ лъэпкъхэм ялъо1эс!
Къыщхьэщихыу нурыр уи щэн-хэбзэм,
Уэрэд дахэу щы1эр къыплъагъэс!
Кавказ къуршхэм нобик1 уи фэеплъу,
Пшэхэм уи сурэтыр щыхадык1.
Ди щ1ыналъэм хэтщи уи пшыналъэр,
Фащэу уи лъэужьыр толыдык1.
Зэми нэхущ вагъуэу губгъуэм хуопсэ,
Зэми сэтэнейуэ ар къыхок1,
Жэнэт бзийуэ нобик1 ухэкупсэщ,
Шэрджэс пщащэ, лъахэм игу уимык1.
Уи псэм и хуэбагъыр дэни щыблэу,
Уемыблэжу уи гум упсэуащ.
Гъатхэ уэшхыр щ1ылъэм щыхуэбублэу,
Уи гулъытэр хэти лъы1эсащ.
Хуэфащэжу уи лъэпкъ унагъуэц1эм,
Шэрджэс лъахэм ухуэхъуащ къару!
Дунейшхуэм уэ щыра1уэу уи ц1эр,
Упхык1ащ зэману нэхъ ерум!
06.04.2024гъ
@Гъуэщокъуэ Мадинэ
СТАН-ым и гукъэк1ыж дахэхэр.
Дэ дыкъэзыхъуреихь псори ди Хэку дахащэращ. Дэ Хэкум худиIэ лъагъуныгъэр дызэрыцIыкIу лъандэрэ къытхалъхьащ ди адэ-анэм, ди 1ыхьлыхэм, ди егъэджакIуэхэм. А 1уэхугъуэ дахэм илъэс 25-к1э хэлэжьыхьащ хьэбэздэс, гуащ1эдэк1 хьэлэлым и лэжьак1уэ, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зезыхьэ, адыгэм ипхъу щыпкъэ Шэрджэс Марьят.
Адыгэхэр зэикI зауэ-банэкIэ зэралъэфэлIа мылъкукIэ, е нэгъуэщI лъэпкъ гъэру яубыдрэ игъэпщылIу абы и пщIэнтIэпскIэ псэуакъым. АтIэ ахэм гъавэ хасэт, Iэщ ягъэхъут, жыг, хадэхэм елэжьхэт, я гуащIэ къабзэ, хьэлэлкIэ псэужхэт.
Арашыкъуэ Къанщауэ зи унафэм щIэту лажьэ Хьэбэз совхозым и лэжьак1уэхэм 1985гъэм и зэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр республикэм и щIыналъэхэм зэрыщеужьэрэкIым. Звеньевой Шэрджэсым къыхигъэщащ губгъуэ лэжьыгъэхэр и чэзум зэрырагъэжьар, махуэ къэси, зэрыжаIэу, зэрыщIагъэхуабжьэр. Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм Хьэбэз совхозым и мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэхэр фIыуэ къилъытащ икIи ехъуэхъуащ гъэр яхуэугъурлыну, гъавэ бэв къайхъулIэну, губгъуэ Iуэхухэм еужьэрэкIыну къыхуриджащ.
Щ1эблэщ1эр гуащ1эдэк1ым щ1ап1ык1ын, дахагъэхэм хуагъэсэн къалэныр япщэ иралъхьэжри, Шэрджэс Марьят я пашэу, еджак1уэ гуащ1эдэк1 бригадэ Хьэбэз совхозым щаублащ. СТАН-к1э еджэт етхуанэ гуащ1эдэк1 едзыгъуэм. Абы еджак1уэхэр псори хэтын ***йуэ ди пщэрылът. Хьэуа къабзэм зыкъыщырашу вагон-псэуп1э зэтегъэпсыхьахэр пл1ыщ1ым зэрынэхьэсу тетт, угъурлыуэ дыгъэр зыщыгуф1ык1, Хьэбэз совхоз губгъуэ пл1анэпэм. Зэклассэгъу хъыджэбз ц1ык1ухэр дызэщ1ыгъуу нобэ ипэ махуэ дыкъыхэбэкъуащ ди пщэрылъ гуащ1эдэк1 етхуанэ едзыгъуэм.(пятая трудовая четверть считалась обязательной для всех уч-ся 6-10 классов)
Пщэдджыжь къэс 1эмалыншэу физзарядкэр нэхъапэщ. Ди узыншагъэм зрагъэужьынымкIэ, спортым дегъэхьэхы¬нымкIэ лъэкI къагъанэкъым ди гъэсакIуэ пажэхэм. Псыкъуий ц1ык1ум дожэх, дыкъыдожейжри СТАН хъуреягъыр къыдожыхь. ЗащыдгъэнщIыркъым хьэуа къабзэм, пщэдджыжь дыгъэм, бзу цIыкIухэм къраш уэрэдым.
Нэхущ физзэрядкэмрэ пщэджыжьышхэ къыуатымрэ зэф1эк1а нэужь хъыбарыф1 къыт1эрохьэ. Еджак1уэхэм я областной вэн-сэн зэпеуэ зэхьэзэхуэшхуэ ек1уэк1ам и япэ увып1эр къихьащ ди Хьэбэз школым и еджак1уэ, хъыджэбз дыщэ ц1ык1у, Сидакъ Римма. Гуф1эгъуэшхуэм дызэщ1е1этэ! Адыгэ пщащэ ц1ык1ум тракторым и рулыр и1ыгъыу ива губгъуэ гектаритхур жюрим псом нэхърэ нэхъ вэк1э тэмэму къилъытащ. Къинэмыщ1ауэ и 1уэху щ1эк1эк1и, и техникэ бгъэдыхьэк1эк1и зэхьэзэхуэм хэт псом нэхърэ нэхъ ипэ зэрищамк1э гуапэ псалъэхэр иту щытхъу тхылъ къыхуагъэфэщащ. Ди гур къигуф1ык1ыу дыхуогуф1э Римма. Хьэбэз къуажэм и мызакъуэу, Хьэбэз еджап1эм къинэмыщ1ауэ, адыгэ пщащэхэм я ц1эр ину-дахэу игъэ1уащ областной зэпеуэшхуэм. (Она дочка Сидаковой Дины-медсестр,наша соседка по улице, мы ее провожали на обл.соревнование. она умничка. Сейчас живет в Ростове.военный пенсионер)
Хъыбар дахэм дригуф1эу, Марьяти ди пашэу, ди 1уэхум пыдощэ. Нартыху зытраса губгъуэ къыхэжагъащ1эм дыхохьэ. Дыгъэр гуапэу къытхуопсэ, ди гур гъатхэу мэщ1эращ1э, ди уафэр къабзэщ, ди щ1ылъэр щхъуант1эщ. Пщ1эным дыхуожьэ.
Зэман куэд дэмык1ыу, уи жагъуэ зэрыхъунщи, си гъусэхэм сакъык1эроху. Сыт хуэдэу семыгугъуми, си ф1анэ ц1ык1ур сызэрыхуей къыздэхъуркъым. Зэм с1эщ1оху, зэм хьэсэр сф1еупщ1атэ… Дауэ хъуми, дызэрымыгъэхъуу, гупым сакъык1эрыщэтауэ, сыпщ1эпэлъытэу сырок1уэк1…
Си 1уэхур зэремыхъул1эм гу къыслъитащ бзылъхугъэ гуапэм. Иджыпсту хуэдэу си нэгу къыщ1охьэж. Щэхуу къызбгъэдыхьэри, щабэу 1э къыздилъащ.
- Си хъыджэбз ц1ык1у, абы и пэ ф1анэ п1ыгъа? Упщ1а?
- Хьэуэ…,-сотыж жэуап, ук1ытэгъуэ маф1эр къызидзауэ.
-…Ауэ ф1ыуэ соджэ,- си бзэр илъахъэу, пызощэ жэуапым.
-Уи ц1эр сыт? -щ1огуф1ык1 Марьят,- Хэтхэ уарей, си хъыджэбз?
-Мадинэщ. Жумайхэ дэлъхуищым сырашыпхъу закъуэщи ф1анэр си нэ1уасэкъым. Дэлъхухэм хадэ 1уэхур къыслъагъэскъым. Унэк1уэц1 1уэхуращ си пщэрылъыр, - къыщ1ызоп1ыт1ык1 сыук1ытапэурэ.
Гуф1энэк1ур зи хабзэдахэ чэнджэщак1уэм, ф1анэр с1ырехри, къызбгъэдоувэ. Щабэрэ гуапэу, Марьят сегъэлъагъу ф1анэр зэрагъэуэршэрыр. Нартыхур зэрызэкъуаудыр. Къызгурегъа1уэ нартыхур багъуэн папщ1э, хьэкъырш-удзыжьхэр быпщ1эурэ зэриудыпхъэр.
Си Хэку дыщэ! Сыту фIыщэу услъагъурэ! Мы нап1эзып1эм, дамэ къыстек1ам хуэдэу, Марьят къызжи1э псоми сытре1этык1. Гуащ1эдэк1ым сыдехьэх. Звеньевой, адыгэ пхъунэсыр, къыздэ1эпыкъуурэ си гъусэхэм сак1эщ1егъэхьэж. Дызэдэуэршэру, гушы1э дахэхэр хэлъу, хъыбархэр зэжет1эурэ, хьэсэм и к1эм дынос. Ик1и къытщохъу и Хэкум зи псэр ***мыIэ щымыIэу. Дэ ди Хэкум ис псори фIыуэ дызэролъагъу икIи зэдэIэпыкъуу дызэдопсэу. Сыт и уасэ?! Ди 1уэху 1ыхьэ дыухащи, хьэсэк1э губгъуэ удз гъэгъа зэмыл1эужьыгъуэхэм зыхэддзэу, дыщоджэрэз! Дыхьэшх макъыр къытщхьэщы1ук1ыу, уэсэпсыр зытелъа удзыпц1эм зыщыдогъаф1э. Щ1ыуэпсым щ1эдэ1ук1 псэр, дыгъэ бзийхэм дэуэршэру, щ1алэгъуэм хуоусэ:
Йо1ущащэ дадийщхьэхухэм
Дыгъэ бзийхэр - йодэхащ1э.
Псэм хэпщ1ауэ нэ гъуэжь ц1ык1ухэм
Я къапщ1ийхэр мэщ1эращ1э.
Пц1ащхъуэ ц1ык1ухэм я пшыналъэр,
Губгъуэм дэнэк1и къыщо1у.
Хьэрхьуп шырхэр зэрылъэлъу,
Дадийщхьэхухэм Тхьэ хуолъэ1у… (мои стихи)
Аракъэ гъащ1э жыхуа1эр. Аракъэ щ1алэгъуэ – еджэгъуэ зэман дахэм и щыхьэтыр?! Марьят и чэнджэщхэм хэту къыдехьэл1э и гупсысэ дахэхэр.
«Сыт хуэдэ Iуэху яужь симытми, зэпымыууэ согупсыс, си къарум къызэрихькIэ си Хэкум къулыкъу зэрыхуэсщIэным. Хэкум къулыкъу хуащIэмэ, мамырыгъэм хуэлажьэу арщ. Мамырыгъэр ди дежкIэ гъащIэ насыпыфIэщ. Дэ дыхуейщ ди цIыхухэм я гъащIэ насыпыфIэр махуэ къэс нэхъри нэхъыфI, нэхъ тынш, нэхъ хъуэпсэгъуэ хъуну. Аращ къулыкъу зыщIэхэр псэемыблэжу щIыхущIэкъур къэралу щыIэр я нэхъ лъэщу щыт ди Хэкур нэхъри нэхъ лъэщыж зэрыхъуным. Ди Хэкум дыхуэпэжу дунейм дытетын ***йщ!»-къыддогуашэ и гупсысэ дахэхэмк1э Марьят.
Мы бзылъхугъэ 1эк1уэлъак1уэр, уеблэмэ Л.И. Брежнев щапхъэу зэры Хэкуу яхуигъэуващ. Аракъэ насыпк1э зэджэр! Аращ ипэ дыдэ нэ1уасэ дыхуэзыщ1ар жэгундэм и сурэтым. Абы зэрелэжьым, и 1эмалхэм. Бэдрэжаныр зэрыхалъхьэм-зэры1уахыжым. Хадэхэк1хэм и 1уэхубгъэдыхьэк1эхэм.
Ди Хэкуу дыщэ губгъуэшхуэхэ. Ф1анэ ц1ык1ур ныбжьэгъу къытхуэхъупауэ нартыху хьэсэшхуэм дыхэтщ еджак1уэ ц1ык1ухэр. Уи дэхагъыр нэрылъагъу щытхуэхъупар иджыщ. Сыт щы1э ди Хьэбэз тафэхэм нэхъ фIыгъуэ?! Уи теплъэм IэфI ещI дэтхэнэ псэр! Мэкъуауэгъуэ псалъэжьхэр уигу къегъэк1ыж. Зэрымыщ1эк1э сегъэусэ!
• Дыгъэпсым насыпыр пщэдджыжьым егуэшыр.
• Мыщхьэхыр дэхащIэщ и гъащ1эри уэф1щ!
• Дзыгъуибгъур зэдеIэм чейщхьэхэр трачыр!
• ЗэдэпщIэмэ - псынщ1эщ! Зэдэшхэмэ - IэфIщ!
• ЩIымахуэр егъашхэ гъэм и зы махуэм.
• Гъэмахуэм щ1ы Iэжьэр, щIымахуэм гур щIы.
• Дзыгъуэрэ пэт хуогъэтIылъэ щIымахуэм,
• Уи гъэфI умыгъуэтыр уи гъейм гъуэтыгъуейщ.
• Iуэху щIэкIэ зымыщIэм Iуэху щIэным егъалIэ,
• ПсэукIэмыщIэр уэкъулэщIрейщ.
• ЛэжьэнкIэ уашхэр, шхынкIэ ныбаблэщ,
Алыхьыр ещIэ, ящI псор ешхырей.
• Гъатхэ дыгъэм кIагъуэпскIэ уегъэпскIри,
• Гъэмахуэм лажьэ - лыжьыр уэ пшхынщ!
• Бжьыхьэ дыгъэм тхъупс къыптрекIэжри,
Лы гъур щIымахуэм зэдэпшхыжынщ! (мои стихи)
Сэтэней япэ дыдэу Сосрыкъуэ хасэм щыхигъэхьэм, ущиехэр зэрыжыри1ам хуэдэу, Марьят ущие купщ1аф1э куэд къыдихьэл1ащ. Унагъуэ дихьа иужьк1и куэдрэ 1эф1у дигу къэк1ыжащ гуащ1эдэк1 хьэлэлым и лэжьак1уэм и псалъэ лъэнк1ап1эхэр. Абы и ф1ыщ1э куэд хэлъщ нысэ жан ц1ык1ухэр къызэрытхэк1ам.
Улажьэмэ лыжь пшхынщ, умылажьэмэ…
Хуэмурэ ауан псалъэжь хэлъу псэр мэусэ…
Аргъынэ кIыхьыр зи жагъуэм,
Шынакъ кIы гъуанэр и щIасэщ.
Мэкъуауэгъуэм ар щIалэ дэгущ,
И гущхьэм жьы дрегъэху. (мои стихи)
…Арати махуэр к1уащ. Шэджэгъуашхэ 1эф1ым иужь шэджагъуэжей пычыгъуэ дахэри блэк1ащ. 1эпкълъэпкъым зигъэпсэхуауэ, шэджэгъуэнэужь едзэкъэгъуэм, гугъэ дахэк1э къыдок1уал1э Марьят. Псыхьэлывэ упщэф1ынымк1э зэхьэзэхуэ къытхедзэ. Гъунэгъу пщы1эм кърашри, шыгук1э, шатэ пэгун, шху зэдза флягит1, матэкхъуей 1успщалъэ и гъусэу СТАН-ым къытхудаш. Пщэф1ак1уэм тхьэвыр тхуепщ. Къызэридгъэхуфк1э къидгъэхуурэ, ар зы псыхьэлывэ 1эф1 дыдэ хъуати!!! Дызэхуэарэзыуэ, еджак1уэхэри егъэджак1уэхэри дет1ысыл1эри зэдэтшхыжащ! 1успщалъибл из псыхьэлывэ ди 1эк1э зэдэтщ1ыжащ. Иныкъуэм мэтэкхъуей дэлът, иныкъуэм к1энт1роф, шыбжиитхъу дахэк1э п1ыт1ауэ. Ик1и пэж дыдэщ «Зэдэшхэ 1эф1щ!» Нобэр къыздэсым ди 1ум итщ и мэ гуак1уэр. Зэныбжьэгъуныгъэр тек1уащ! Ди ныбэ изу адыгэ псыхьэлывэ дигъэшха къуэдейкъым, ат1э пщаф1эным дыдыригъэхьэхыу, ди щ1алэгъуэм и зы махуэ купщ1аф1эу тхуигъэдахащ Шэрджэс Марьят.
Гъэмахуэпэ пшыхьыр къоблагъэ. Кино тхьэмахуэм т1эу щыдагъэлъагъур сценэ лъагап1э зэгъэпэщам и деж. Хэплъыхьауэ кинохэр хьэлэмэтхэщ. Ахэр теухуащ зэм Хэку зауэшхуэм, зэм гуащ1эдэк1ым, зэми ЕРАЛАШ гушы1эхэр. Ауэ ныщхьэбэ, пшапэ зэхэуэгъуэм ирихьэлIэу, адыгэ-урыс джэгу (дискотека) зэхаублэн я мурадщи, абы псоми зыхуагъэхьэзыр. ЦIыхухъухэм, физикэ щ1эныгъэм и егъэджак1уэ 1эзэ Хьэмыкъуэ Хьэзрэт Мухьэрбий и къуэр я пашэу, СТАН пщIантIэм дэлъ пщыхьэщхьэ къалэнхэр нагъэсыж, пщэф1ап1эр къопщэфIэкI, дэри абы дариIэпыдзлъэпыдзу дызэрызохьэ. Ауэрэ, пщыхьэщхьэшхэр зэф1эк1а нэужь, хуэмурэ кIыфI мэхъу. Джэгур яублэ. Псэм и щ1асэу щ1элэгъуалэр йоуджэк1. 1эдэб защ1эу зэхэлъщ я щытык1эр. Нэхъыжьыф1хэм я нэгу щ1эту щ1элэгъуалэм загъэпсэху. Нэхъыщ1а1уэхэр джэгу здащ1ым и бгъумк1э дыкъыщытщ. Дызыхэт удзыпцIэм хэпхъауэ сэтэней хужь цIыкIухэмрэ уафэм щызэщIэлыдэ вагъуэхэмрэ ди щыпэлъагъум хуэдэщ. Вагъуэхэм псэ яIуту, бауэу къытщохъу…
Щы1эу къыщ1эк1ынкъым, уафэм дэмыхъуэпсей, дыгъэр зимыгуапэ, лэгъупыкъум хуэмыгуф1э, мазэр зыф1эмыдахэ, вагъуэхэм дамыхьэх. Пшыхь дахэм к1элъыплъ, заслуженнэ егъэджак1уэ 1эзэ Ордокъуэ Мухьэмэд Адемыркъан и къуэм и щ1эныгъэр тригъэбыдэмэ ф1эф1у къыдже1э:
«Ц1ык1ухэ, фщ1эуэ пІэрэ пасэрей адыгэр уафэрыгъуазэу зэрыщытар: мазэрыбжэу, вагъуэхэр я махуэгъэпсу, дыгъэр я сыхьэт папщ1эу?»
«Губгъуэ гъунэншэрэ хъушэ бжыгъэншэрэ», жиIэгъащ адыгэм уафэмрэ вагъуэхэмрэ щхьэкIэ. Мазэм мэлыхъуэ иригъэувэжри, дыгъэр бгыкъум къыщытхуфIидзауэ къытхуоблэ, и дыгъэпсхэр ди бзэм къызэрыхигъэпсалъэм шэч къытедмыхьэу. Жьы дымышэу додэ1у егъэджак1уэ 1эзэм. Адыгэ щIэныгъэлIу вагъуэхэм тетхыхьар мащIэ дыдэщ, ауэ а щыIэ мащIэри ущыгуфIыкIыу, къызэщIэпкъуэжрэ узыщIапIыкIа, зэхуэпхьэсыжа гупысысэ гуэрхэр ебдзылIэжмэ, адыгэ уафэ ухегъаплъэ.
Уафэр ди плъапІэу, уэгурытхэм дохъуапсэ!
А гукъэк1ыж лъап1эхэр зи ф1ыщ1эр гуащ1эдэк1 хьэлэлым и лэжьак1уэ, «ЩIыхь» орденым и нагъыщищри зезыхьэ, адыгэм ипхъу щыпкъэ Шэрджэс Марьятщ.
Зэманым, гъащIэр къызэрыджэлыкIа къупхъэщи, илъэсым и мазэхэр Iэпэ пщыкIутI зытет пшынэу ирожэкI. ГуфIэгъуэ макъамэри гъыбзэри къызэрыIукI пшынэу, гъэм и пшынэбзэм щызэщIожьыуэ къэхъукъащIэ куэд.
ЗэрытщIэщи, IуэрыIуатэу-дыщэ пхъуантэм, хъугъуэфIыгъуэ куэдым дыщрихьэлIэу гъэхэр к1уащ...
Иужьк1и, 2020 гъэм, и Iуэхум пищэу, Iуэху дахэ къызэригъэпэщащ «Шэрджэс КФХ» ООО-м и генеральнэ унафэщI Шэрджэс Марьят и жэрдэмым щIэту — республикэм и жылагъуэхэм щыпсэухэм нэкIуIулъхьэ мини 5-м щIигъу Iэригъыхьащ. Псалъэ дыгъэлу щымыту, щапхъэкIэ, лэжьыгъэкIэ цIыхубэм и гъащIэр хъумэным хузэфIэкI хэлъхьэныгъэ ***щIащ. IуэхуфIхэм къыдэкIуэу, Шэрджэс Марьят республикэм щыпсэухэр шынагъуэншагъэм уз зэрыцIалэм захъумэжыну къыхуриджащ.
Ди лъэхъэнэм къалъхуахэм, дэ дынасыпыфIэу зыдолъытэж. Сыту жыпIэмэ нахъыжьыф1хэр ди1ащ, Марьят я пашэу. Хьэбэз лъапIэ л1акъуэм драп1ыхьащ, абы дисыжщи. Гуащ1эдэк1ым дыщ1ап1ык1ащ. Дэнэ щIыпIэ дыщымыпсэухэми ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр дыхъумэжын ***йуэ дагъэсэфащ. Дэ догугъэ, ди лъэпкъ уардэм, зэгуэрым гуащ1эдэк1 етхуанэ едзыгъуэр иджыри щаублэжыну Хьэбэз и губгъуэ дахащэхэм.
Хырехъуэ махуэ къэс ди мылъкум, ди Хэкум, цIыхухэм зраужь!
Арат зыхуейр Марьят!
Свидетельство о публикации №124040605249