Узимы1амэ песня
уэ уи дыгъэр,
Къэунэхуащ , дызэблэмык1ыу,
лъагъуныгъэр.
Сэ къысщохъу, ди гъащ1э гъуэгуыр за1ухауэ,
Насыпит1ыр ,гуым ф1э1эф1ыу , зэхуэзауэ
Пр. Узимы1амэ, си псэр езэшыу
мы дунеишхуэм сэ сыхумейт,
Укъысщыхъуамэ, сыкъамыушыу,
гъащ1эм сепщ1ыхьыу сэ сыпсэунт. 2р.
2.Нэм имылъагъуыу гуым зыхещ1ык1ыр
уи псэм и нахуыр,
Уэсыу тк1уыжащ узыхамыт
си гуым и щэхухэр
Гъатхэ махуэк1уыу егъэхуабэр
си псэр уи дыгъэм
Тхьэм къызитащ мы насыпышхуэр - уи лъагъуныъэр.
Пр.
Свидетельство о публикации №123121704899