Мыхьэнэшхуэ зиIэ дыуэ адыгэбзэкIэ

Дунейм тет псоми зи гущIэгъу иныр ялъыс, къемэт махуэм иман здэзыхьахэр лъагъуныгъэкIэ зыщыгугъ лъапIэу лъагэ Алыхьым и цIэкIэ щIызодзэ.
Я дэ ди Тхьэ, гужьеигъуэм пэIэщIэ сыщI, си гуэныхьхэм къыпэкIуэну хьэзабымрэ , мащэ хьэзабымрэ сыщыхъумэ. Я Алыхь, хьэлщэн дахэкIэ къысхуэупсэ зэран къызыпыкIыну пэшэгъуми усIэщIэзгъэхуну тхьэмыщкIагъэми, беягъэ лейми гупсысэ пхэнжми, сыщыхъумэ. Я Алыхь сынолъэIу къызэптыну уэ уи нэфI зыщыхуа уи пщылIхэм ептам хуэдэ дыдэхэр, сыщыхъумэ къемэт махуэм уэ уи нэгум сыщIомыгъэплъэнкIэ хъунум. Уи гущIэгъуныгъэр къыслъыгъэси уи хьэзабми сыщыхъумэ муслъымэну сыгъэлIэж муслъымэнуи сыкъэгъэщIыж. Дунейм сытетыхукIэ уэ фIыуэ плъэгъуа уи пщылIхэр зэрыпхъумэм хуэдэу сыкъэхъумэ, ахърэтым сыщыкIуэжам и дежи си гуэныхьхэр къысхуэгъэгъу уи нэфI зыщыхуахэм ящыщ сыщI. Я Алыхь сэркIэ нэхъыфIмэ си гъащIэм къысхуэпыщэ, сэркIэ лIэныгъэр нэхъыфIмэ сIыхыж си псэр иманкIэ. СынолъэIу Дэжалым и фитIнэм пэIэщIэ сыпщIыну, иманкIэ си псэр хэпхыну ислъамкIэ сыкъэбгъэхъужыну.
О ди Тхьэ закъуэныгъэр зиIэу лъагъуныгъэкIэ дызыщыгугъ сынолъэIу фIыр зэхэзыбгъэщIэну, Iейм сыщыпхъумэну!
Я сэ си Тхьэ закъуэ уэ уи шыIэныгъэр къызэрызгурыIуэн акъылрэ фIыуэ узэрыслъэгъун къэрурэ къызэт. Уэ къытхуэб гъэува мардэхэм сызэрыфIэмыкIын ерыщагъ къысхэлъхьэ. Я Алыхь я си Тхьэ закъуэ Уэ дызыщыбгъэшынэхэри IэщIыб сщIынымкIэ къыздэIэпыкъу. ПэIэщIэ сыщI хьэрэмым, ухыгъэ схуэщI уэ хьэлэлу къэплъытэхэр си Тхьэ закъуэ. Уэ уи нэмыщI сыпсэуху нэгъуэщIым сыхуэмыпщылIынымкIэ зэхэщIыкIрэ къэрурэ къызэт. Къэбылу сIых фIыуэ злэжьыр икIи схуэгъэбагъуэ си псапэхэр, пцIыр, фэрыщIагъэр их си гум, сызэмыдэIуапхъэм, сызэмыплъыпхъэм сыщI пэIэщIэ, гуэныхь зыпылъ псалъэкIэми сыщыхъумэ, къызэт зэхэщIыкI нэс къысхуэупсэ си Тхэ сызыхэзыщIыкIын къызэгуапэкIын пэшэгъукIэ. Я Алыхь сонолъэIу узыншагъэфI, фIэщхъуныгъэ пэж, хьэлщэн тэмэм, зхэщIыкI нэс, акъыл узыншэ, нэмыс лъагэ къызэптыну, Уэ си Тхьэ закъуэм пхузиIэ лъагъуныгъэри зэи кIащхъэ умыщIыну ди Бехъымбар лъапIэм и сунэтхэр зэрызгъэзэщIэн зэфIэкI къызэптыну. Уи нэмыщI нэгъуэщI Тхьэ щыIэкъым. Уэращ лъапIэри лъагэри дыкъэ зыгъэщIари, дызыгъалIэжынури, дуней мыухыжым дыкъыхуэзыгъэщIыжынури, дыщогугъ уи гущIэгъум, Уэращ лъагъуныгъэ зыбгъэдэлъри. Уэращ сэ сызыщыгугър, пэжыныгъъэ къыщыслъыхъуэри Уэ уи дежщ.
 
Пророк(САС) сказал, тот, кто сделает это дугIа утром и умрет до вечера попадет в рай, а тот кто сделает это два вечером и умрет до утра тот тоже будет в раю
Посланник Аллаха (САС) сказал тот, кто указал на благое деяние получит такую же награду, как выполняющий его, и да смилуется Аллах над нами.


Рецензии