МыкIуэщI лъыгъуныгъэм иугъащIэ
ДяпэкIэ дызыхуэгъазэ,
Зыр зым х у и т у тлъагъуу,
Гъуджэу нэгум дыкъыищу.
Хьэуэ, хьэуэ! Сыт на-а а жыпIэр?
Дызэуэршэрэгъуу мис, аркъудейщ.
Сыт хуэдиз, Iуэхуу сэ сызыхэтыр:
ЗэбгырыкIа бынным сыракъурт дамэщ.
Хидзами ди щхьэцым тхъугъэ
Дыхъуауэ къысфIэщIкъым фэджэ,
Зэгуэрым дахэу щытахэм
Я фэр мыкIуэду яIуатэ.
Ди щхьэцыр хуэдыжьыныфэми,
Ар псоми къалъыс зы тыгъэщ,
Ди теплъэм щыща къэнэжами
ЖыIуэ уэ, жыIуэ а яIуатэр!
Зэманым и ней къыттехьами
Дэ тIум жытIэн ди мелуанщ!
ФIылъагъуныгъэм дыздыхэнами,
Ар къызыхуэнахэм я гугъу захуэтщIынщ.
ГД-выбор дыщызэхуэзэу, усэбзэм дызэпищIамэ
АтIэ сыт, ди закъуэ мы гъашIэм щызыблэкIар?
ЩIагъыбзэм упэгъунэгъур уифIэщмэ:
Укъэблэжами, ар-псэгъэхуабэущ, уи дэпыжь мафIэр!
Ар ди щхьэм имысэбэпми,
Ди бын я быныжхэр ди хъушэщ.
Ди щхьэ къырикIуари я щхьэпэмэ
Дауэ дыхэнын я фIыщIэ?
И гъусэу, мы ди ныбжьыфIми, -
Ар пэжу! - хъыбаркIэ дэ дыкъулейщ.
Зэрихабзэу щIалэгъуэр блэжами,
Иджыри ифI Iэджэ щонехур ди нэгу.
Дызэрыт лъэхъэнэр фэбжьыбэщ,
Алидат, си ныбжьри "70"-м лъоIэс.
Уэ щIалэ уиIэу - къызэхъуцэцар,
Сыроплъэжмыгъуэри си гъащэм - сыту нэжьэст.
28.10.2021 гъ.
Свидетельство о публикации №123032907106