Гъуэгу гъэлъагъуэ
Адыгэныр къэлэнышхуэщ,
Умысакъым - ублихынущ,
ЖьэкIэ ину ар жомыIэу,
Уи щхьэм фIэпх мыхъуну:
къупхъэщ.
Абы, хэт хуэижь зищIыфми,
ЦIыху щэджащэ къищIыкIынущ,
ПщIэм нэмысым зэриIыгъыр,
ФIыгъуэ куэду хуэбагъуэнущ.
ЦIыхунагъэр ар губгъуэшхуэщ,
Абы, зэмыщхьыу куэд щопэкIу,
Удэджэгуныуэ ухуежьэм -
Пхуэмыфащэ уIущIэнщ.
Адыгагъэр уи лъым хэтым,
Дэуэгъу уимыIэу у адыгэщ,
Дзы зыгуэрым къуимыпэсым,
Уи тэмакъым куэд щIэхуэнущ.
УкъигъэщIамэ Тхьэм адыгэу,
ЦIыху ехъулIэм уехъулIащ,
Хабзэр уиIэщи уIэбэм къапщтэу,
Гъуэгу гъэлъагъуэ Ар пхуэхъунщ.
Згъэунэхуауэ куэд хьэфизщ, -
Х у е й мыхъу, Хабзэм бэуэ щыIщ,
Ахэм пщIэ щахумпщIхэм дежи -
У хьеуаныуэ къафIощ.
Амалыншэуэ лежьыгъэкIэ,
Былым куэдым саIущIащ,
Бэлэрыгъар пщIэ яхуэсщIыурэ,
Схуэмыфащи - къысщыщIащ.
Къэрэгъул бжыхь Iущагъэр схуэмыхъуатэм,
Гур хигъэщIу сыжакъуэнт,
Къалэмыпэм сэ къезгъащтэхэр,
Куэду ахэм щхьэт техъуэнщ.
Свидетельство о публикации №122042706253