Уф1эмыф1ми ухьэмаск1эщ!

(ауан)

Къыпф1ащащи "мэлыхъуэхьэ"
Хьэшхуэ куэд зэщыбогъыхьэ!
Угъущ1ыпсэ хьэ1уцыдзщ,
Пц1ы шэрэзхэр уи лъэгурыдзщ!

Хьэдэжадэу ц1ыху уогъащтэ,
Къыпхилъхьакъым Тхьэм гущ1эгъу!
Уи щытык1эм псэр игъащтэу,
Тобэ! Псори пф1ощ1 жэгъуэгъу!

Ягу уохъумэ щхьэзыф1эф1хэм,
Уи хъуреягъыр пф1эдыгъужьщ.
Сытк1э ц1ыхухэр къыпхуэф1ынхэ?!
Хьэ щытык1эу уитщ яужь!

Бжэн 1уей щ1ык1эу уатохъущ1э,
Гущ1эм щ1ыхьэу уатошхыхь.
Уздэк1уэну щ1ы 1эмыщ1эр,
Пщохъу пхуэф1ыну, хейр 1ус пщ1ыху.

Зыбгъэк1уит1эу уи "щхьэлтетхэм",
Уи емык1ур  я лъэпагъщ.
Къару мащ1э уакъыщыхъуми,
Пхэмылъыхэ зы 1эф1агъ.

Лъэпэрапэр уогъэгъуащэ,
Уогъэпудыр, уощ1 хьэ1ус.
1ущыр щыуэм - ухуохъущ1э,
Зыкъыпщохъу угунэмыс.

Зыф1эпщыжми "мэлыхъуэхьэ"
Хьэшхуэ куэд зэщыбогъыхьэ!
Ей! Пф1эмыф1ми ухьэмаск1эщ-
Ирок1уэк1 уи гъащ1эр къаск1эу...


@Гъуэщокъуэ Мадина


Рецензии