Сызэхэфх
Сыту куэд зэманым -
ЩIым иригъэдзакъэрэ,
Дэтхэнэм мэIуху,
Си закъуэ сыхуэхъун.
Дунейр къызэрыхъурэ,
Гукъейрэ куэду щыIэщ,
Дэтхэнэм и щхьэфэм -
Щабэу Iэ дэплъэн?
Апхуэдэм, - и нэхъыбэр -
НыбжькIэ щыужащи,
Къурмэн уи псэр
яхуэпщIынуми,
Ухъужыркъым яфIэщ...
Сэ зыгуэрым семыгуапэм,
Гузэрыдзэ сощIри -
КъыIэ сынывэджэм,
Мыхъуми сызэхэфх.
ФIыгъуэр тхьэм къахуищIэ,
Сэ сызыгъэсахэм,
Ахэм нэмыщIамэ -
ЦIыхухэм седыджынт,
Абы фIы кърикIуэу -
Си гъащIэщ зэхэсхакъым,
Ер къыздикIыр сщIамэ -
СэкIэ - сепыджынт.
Махуэр и кIэм нэблэгъау,
Си гури къыхэуэу,
Гъубжьым зэшэзэпIэу -
НэхъыфI сыкъэхъужащ,
ХэтIэсауэ банкоматым,
СызыIущIа бзылъхугъэр -
МыупщIэрэ мыусэу -
я унэм нэс сщэжащ...
Щихъыу уафэм сыкъехами,
Абы сыт жищIыкIрэт:
Хьэуэ! - къызжимыIэу
си машинэм къитIысхьащ.
ФIыгъуэр Тхьэм къыхуищIэ,
ФэфI къызэзыплъам -
Абы нэмыщIамэ,
Махуэр ауэ кIуэдт.
Ди сомхэм я кIапхэр -
Зэтехуами сщIэркъым,
Ауэ си кредитым и сабэпкIэ,
Риммэ сегуэпащ.
Си езым цIыхуфI си натIэщ,
Абы ин сырохъу,
Сыщихуахэм деж шэсыпIэ -
Къысщхьэпэн абдеж къоунэху?!
ГъащIэм ар и нэщэнэфIу,
Згъэунэхуау сокIуэкI,
Мис абы сегъэщэныфIэ, -
Схуохъури ар къэрэгъул бжыхь.
Е, зигу илъхэр фадэфатэм,
ЕIу - ещIашгъэ куэд къэхъунт,
Сэ сэфами сы къайгъэкъым -
СщIэуэ сохъур дурдыл.
Ар имыщIэу дела гуэр -
Зэ къызщхьэкIуащ,
Абы щIым щIитIа
си паспортыр,
И натIэм уикIащ.
Абы ищIэу къыщIэкIынкъым,
ЩыIэу бзэгу зезыхьэ -
КъасщIэу щытым
хэтхэ ейми,
Еспэсынщ - хуэфащэн псалъэ.
ЛIыри, фызри щхьэмыкъыу
Сэ, а зэм фIэкI сыIущIакъым,
Симыхьарэт зэи я лъахэ,
Сагъэшхауэ хъуари - мыгъуэт.
Ахэм я бжэщхьэIум -
Алмэсты щаIыгъ,
Схуэмыфащэу си щхьэр щыпудам,
Фхуэщынкъым ягугъу.
Свидетельство о публикации №121111405636