Чэнджэщ сотыр

          Iэбубэчир Iэбубэчир
ЗэрыжысIэм, псалъэм дагъуэ иIэм,
Зы нэрыбги иремыщI уэим,
Сыхуэхейщ апхуэдэм деж гукъанэм,
ФIыт си псалъэр, нэхъыбэм
           къащхьэпым.

Хым и Iуфэм куэду дыщыIусым -
Ахэр, дэ дыкъуакъуэу диIагъэнщ,
Ер, къикIынт, икIау щытам
           зы къупхъэм,
Хьо! - зым жиIэм, къыпэджэныр:
           "Уэвщ"?

НэгъуэщI лъэпкъым сэ сыкъыхалъхуатэм,
БзэмкIэ, гуныкъуагъэ симыIэнрэ хэлът,
ДызэгурыIуэу - джыдэ дыщытатэм,
АдыгэцIэ зиIэм, ину зыдужьынт.

Ди блэкIам зэгуэр нэхъ Iущ
           димыщIым,
Ди нэр къижу дыхэнынущ -
           дуней фIыгъуэм,
Пу нэлэт, изохыр къэмыдаIуэм,
Сэ си ныбжь нэсауэ - чэнджэщ сотыр.

Зэрыадыгэр, зи напщIэм хэт темылъыр?
Дэ, фIыкIэ дунейм дыкъыщацIыху,
Ди нэхъыжьхэр, хуэхейями зэгурыIуэм,
Нобэ псори, Маржэ! - зым и бын
           дывгъэхъу!

Нэхъри къезгъэблуэ си псалъэр, -
Зыми сытехьэлъэнукъым,
Хэт деж нэсами тэрэзу си жыIэр,
И сэбэп фIэкIау и зэран къекIынкъым.


Рецензии