Си тхьэрыIуэщ
Сеплъу сыщытами,
Сэ сфIэкIуэдакъым зырикI,
Си акъылыр зэтесщ!
Абы ныкъусэн имыIэу -
Тэрэзу сиIэхункIэ,
Сыт хуэдэ гугъуехьми:
Iэмал къыхуэзгъуэтынщ.
ЩIопщыр зэращхьэпэр,
ЦIыху куэдым фIыуэ сщIэми,
Сэ абы семыпхъуэу,
Псалъэм - тескъузэнщ.
ФIэнапIэ къэзмылъыхъуэу,
ТещIапIэ сщIым фIэкIыпIэр,
Нэгъэсауэ адыгэлI
сыкъищIыкIынщ.
Зыми и губгъэн къэзмыхьым,
Ещхь сыхъужауэ си адэм,
ЦIыхубэм - сахэIуэнщ,.
ТхьэлъапIэм и лIыкIуэм,
Ар ауэ ицIэджэгъуакъым,
ФIыуэ къэзыцIыхухэм -
бегъымбаруэ ягъэIут.
Дуней мылкукIэ ирикъуа,
ЩымыIэу сыIэтедзэщ,
Сом гуэрхэр си жыпым къывукIэу,
КхъыIэ - сывмыуцIэпI.
Сэ си псэр пытыхункIэ,
Быдэуэ си тхьэрыIуэщ,
Адыгагъэ напIщIэм телъыр, -
СымыщIыну: Iэпэдэгъэлэл.
Колхоз щызэгухьэм, цIыхухэм
ящIэжыр,
Си адэм и адэр: арэзыу хыхьащ,
Абы игу пыкIа, IэщIэвыщIэр,
ЗыIэрыхьэм ихьэлэлщ.
Дуней былымым зэманкIэ сыхэнми,
Ер си щхьэм кърикIуэнкIэ сыпIейтейкъым,
ЗэрыбкIэ хьэрф тездзэхэм схуетым купщIэ,
Алыгъэщыкур, сомынчэ сыхъункъым.
Iуэхум сыхэгъуазэрэ -
Сытхэу щIэздэм Iущу,
Си адыгэ лъэпкъым
дамэ сыхуэхъунщ.
Абы лейуэ къытехьам -
Игугъу сщIыну щIэздзм,
Щхьэ зыфIэт цIыхухэм -
Гукъутэ къащыпхунщ.
Сэ сымылIыбыдэтэм,
А темэм сеIусэнтэкъым,
Сызрэсэбийрэ фэбжьышхуэм
сыкъелъахъэ,
Къэхъуа-къэщIахэм тэрэзу
игугъу схуэщIтэм,
Си цIэр дыщэ хьэрфкIэ -
тхыдэм иратхэнт.
Ей агыгэ - махуэ хъун,
Мащэм зыри здепхьэхынукъым,
Зыхэбгъэлъми Iэдэбыгъэ -
Iыхьэншэ - Уэ! - ухъунукъым?!
Уи лъэпкъэгъухэм я Iэсагъым,
Уэ, уримыджэгу,
Уэ ахэр къомыдауэм,
Сэ, суридауэгъукъым...
Сабэ защIэ сэ сыпсэууэ,
Анэдэлъхубзэр хъункъым,
Абы и къулейягъыр -
Си щхьэм и щхьэпэнэщ.
1998 гъ.
Свидетельство о публикации №121092806812