Чэнджэщ

                У. деж.
СлIожь утескIэ нэмэзлыкъым,
ПщIэуэ пщIауэ гуэныхь мин.
Махуэ къэскIэ пщIы фарзитхум,
Хэт уфIэщIрэ Тхьэм пIихын.
ЦIыхухэр ауэ Чэбэм кIуэркъым,
Уэ нэхъыфIт зомыIэжьам,
Зэн-Зэныпсым сэбыныншэу,
ФIейр кIэрех – «Iэбжьанэм» кIуам!
- Уэ гуэныхьхэр бупшынынум,
Махъшэ укIи занщIэу пыкI,
Дэщхьыу щыIэ хъунщ пшахъуэщIми,
ЦIыху тхьэмыщкIэ-зылъэмыкI?
ДэнкIэ укIуэми игъащIэм,
ПфIэфIщ уэ куэду ахъшэ пщIын,
А уи дамэм тесхэм язым,
Дауэ фIы пщIам игъэкIуэдын!
«Бегъымбарырэ пэткIэ щоуэ»,
Ауэ щыIэщ къэзыгъэзэж,
Зэ уи гъащIэм ириплъэжи,
Уэ Хьэжы ухъуау къэкIуэж.


Рецензии

Завершается прием произведений на конкурс «Георгиевская лента» за 2021-2025 год. Рукописи принимаются до 24 февраля, итоги будут подведены ко Дню Великой Победы, объявление победителей состоится 7 мая в ЦДЛ. Информация о конкурсе – на сайте georglenta.ru Представить произведения на конкурс →