Тхьэмадэхэр
ЕзундэкIыу си щхьэр сыщыдэтым,
Дапхуэдизыт схьынур сэ удыну,
ПэшэгъуфIкIэ си пхъэр къимыкIам.
Спискэ сщIауэ нобэ сыроплъэжри,
НыбжьэгъуфIхэу гъащIэм къызитам,
ПыкIкъым си гум хэзудыну зыри ,
СащIыхьарэт ахэм, нобэ здынэсам.
«Уэ ужьакIуэщ» - жари къагъуэтауэ,
ЖьантIэр сытым дежи къыслъагъэст,
Сэри ар езым си фIэщ хъужауэ,
ФIыхэм деджэу Iэнэм дыбгъэдэст!..
ЖытIа хъуэхъухэр пщIэншэ хъуакъым,
Джэрпэджэжу фIы къытхурикIуащ,
Псори дэ иджы дыхъуащ Тхьэмадэ,
Щхьэкъутэныр – ныбжькIэ къытлъысащ!
Свидетельство о публикации №121080901158