***
Къуэрылъхур кIапсэкIэ сыщипхым,
Сэ нэхъ къуейщIей дэсакъым «щIалэ»,
Бэхъсэн аузыр зи кIыхьагъым.
Уэпх-лъэпх сыщищIыу щытам дадэ,
Иджыри сэ сы «делэ цIыкIут»,
Къэгъазэ жиIэм нэхъри сыкIуэрт,
ТIо жимыIамэ, зысщIырт - дэгу?
Куэд щIэхуэрт Хьисэ и тэмакъым,
Къуажэм цIыхуфIыуэ дэIуат.
ФIэфIт унэ щащIкIэ кIуэн щIыхьэхум,
Сызэрэнауэ къэзгъэкIуэжт…
Уа, дауэ цIыхут а си адэшхуэр,
Къилъхуахэм япэ сыригъэщт.
Къысхуигъэгъуащ и нэхъ башыфIри,
Джыдэхэр дадэ жану илът.
Сыт иджы нобэ сыщIегъуэжкIэ,
ПщIэншэу башышхуэр пызгъэщхъат,
ШкIэхуж сыщыкIуэм дадэ ещхьыу,
ХьэлъэIуэ хъури – хыфIэсхуат.
Свидетельство о публикации №121080901137