Аукцион
«Ар къэтхэм я псэм лъырес»
Хьэблэр ищтауэ дагъэмэм,
Лъэкъумхэр зылъэгъэIэс.
Бицу А.
Дыгъэ къухьэгъуэ зэрыхъуу,
Си гурыIупсыр мэятэ.
УнитI къэбгъанэм къыщысым ,
Ноби егъэу жьэрымэ.
Хьэблэм унагъуэу дэсым ,
СынацIэурэ ар ялъоIэсыр,
Езмытыхарэт зы сом,
Сыт мыгъуэ си «хьэдэ Iуст».
Мазэм щIигъуауэ дагъэмэм,
Зыри жызмыIэу сеукI,
Сом щитхум зыри къигъэпкIкъым,
Нэхъыбэ игугъэщ схулъэкI.
Дунейм ехыжам абы щыгъуи,
ХуащIэр Тхьэм и псэм лъигъэс,
СызыIутыр IэнатIэ гугъуми,
«Махуэ плIыщIыр» мыгувэу къос!
2008 гъ.
Свидетельство о публикации №121080901112