Къабардей!
Ойра-ори-ра
Псы ежэхыр хым хоп1ащ1эр
Ойра-ори-ра
Си гум уилъщ мыух уэрэду
Уэрщ гукъеуэр зыгъэк1уэдыр,
Уэрщ си гъащ1эр, си дуней
Си щ1ыналъэ , Къабардей
2. Пшынэ макъыр къыдэшей,
Ойра-ори-ра
Къофэр нобэ Къабардей
Ойра-ори-ра
Си псэм и гурыщ1э къабзэу
Къызэптащ адыгэ хабзэр
Си хэку лъап1эу, псом я лей
Си щ1ыналъэ , Къабардей
Свидетельство о публикации №120072008932