Хъуэхъуэр

Кармокъуэ Амырбий къыжириIэуэрэ Жэмыхъуэ Мухьэмэд Дадаш и къуэм илъэс I3-м иту хукIэ зэригъэщIауэ щыта хъуэхъухэр.

         1
Мыпхуэдэу у хьэщIэ кIуапIэу,
Уныш укIыпIэу,
KIэ имыIэу цIыхур уи бэу,
Бын гуфIэгъуэм ухэмыкIыу,
КIапэхэр щыбгъажьэу,
Жьы нэмысыр мыкIуэду,
ДанэкIэ бгъазэми узыхуейр
         къохъулIэу,
ЛIэныгъэм упэIэщIэу,
ЩIэныгъэ зиIэр уи куэду,
ЩIэблэм гу ящыпхуэу,
Уи унагъуэм куэдрэ,
Тхьэм уащхьэщигъэт.

         2
Мы нобэ зэрыша цIыкIуитIыр,
АкъылыфIэхэу,
ХьэлщIэныфIэу,
ФIыгъуэ нактIэу,
Махуэ жагъуэ ямылъагъуу,
Жэгъуэгъу яIэм къафIэлIыкIыу,
ЛъэжIыр ящIэу,
Я игуIэр уэру,
Хъуэхъу якуэду,
Хъуэн ямыIэхэу,
Дзы къыфIамыщу,
ЦыхуеймкIэ гъуэгур хашыфу,
БыныфIэ здэхъуау,
Илъэс куэдкIэ зэдэпсэун,
НыбжьащIэхэ Алыхъым
     зэдищIхэ!

         3
Мы нобэ дыщэфэ унагъуэр,
Уардэ унэ хъумакIуэу,
Пхъэм и махуэр и бжаблэу,
Уи бланэлыр зэтету,
ГуфэкуэдкIэ нэдзехъэу,
Хухьэпсыхьэр щауибгъуу,
Фызибгъум шатэ зэIащIэу,
ФызипщIэм докэдкъаз ягъэхъуу,
Гуэлым хуэдэр уи кхъуейуэ,
Уи уэгум мэлыр дэзу,
ЩIым и махуэр уи вапIэу,
ЩIыр щывгуэшкIэ фызхуилъми,
Гъунэ щыралъэкIэ фызэкIужу,
Афэ гъуапэм хуэдэ уэндэгъуу, -
Уэшхым и кIуапIэу,
Мэшым и кIыпIэу,
Лъэрыгъыпэм икъужхыкIрэ,
Шы сок щызэрпдзэк.
Хъым гъунэ гуигъэзу,
Хьэм дзакIэ гуиуду,
ЩIэщэща хукIэ-бжьжIэмкIэ;
-Губгъуэ ита къущхьэ выщIэфI-
            кърифщэхуу,
-Сонэ лIыщIэ кърифкупэу,
Гъэ куэдкIэ псэун унагъуэ
            Алыхьым фIищI!


Рецензии