Джипым
Гукъейуэуэ сиIэр зэуIуу,
Дэпщэщ къискIутынуми
сшIэркъым,
Къэхъу - къащIэм щыти
уедаIуэу,
Щыхьэт утехъуэнщ -
ар щIэжысIэм.
Адэ иджыри сы цIыкIуу,
ЛэмпIэжьыкъуэ сыкIуэу щыжысIэм,
НэхъыфIат Бахъсэныжь
ситхьэлатэм,
Пщахъуэм си хьэдэр щIивэу.
Нобэм сыкъыздэсам -
Тхьэм и нэфIым сыхинкъым,
Бэлигъ сыхъуауэ зыщ сфIэтелъиджэр,
ГъащIэгъусэу - укъызитакъым?
ФIы лъагъуныгъэм и мафIэм,
Куэд хисхьэу зэхэсыу щытащ,
Ар къэмысакIэрэт си щхьэм,
Си гъашIэр мыгъуэ ищIащ.
Зыри жызмыIэу цIыху куэдым,
Щэхуу сэ сакIэлъоплъ,
Ахэр хуэхэйщ сэ сызыхьым,
Я гъащIэр нэгъуэщIыуи яхь.
ЛIэщIыгъуэ зыбжанэ ипэ,
Сытыуи сыкъамылъхуарэт,
А зэманым дунейм тета цIыхухэм,
"Еуей" - къысхужаIэнт.
ГущIэгъум и кIуэдыжыгъуэм,
Сытыуи Iейуэ сыхаулъхуэт,
Апхуэдэу сищыцIыху хейми,
Дауи уэ сыпIуущIат.
2
Къэхъуар зыми жезмыIэу,
Дунейм сытетын сигугъат, -
И щэхур зыбзыщIыф цIыхур,
Си дежкIэ къуажэ иуасэт.
Лъэпо-щхьэпар къыщыхъуам,
Хэкум сыкIын х у е й я щ,
Сэ, зэманкIэ сытеурт: сыпIумыщIэм,
Уанэмыгъуэращи: зы жылэ , дыдэсщ.
Уи гъущIыщым и макъыр зэхэсхым,
СыздэкIуэм сэ сыкъоувыIэ,
Хэт игугъэнт уэ уису "Джипым" -
ДунейкIэ зыгуэр услъагъуну.
Уэ насыпкфIэ ухъуамэ -
Сэ сыблихами Iуэхукъым,
Техуащ сызыхуейям си Iэр
жипIэу,
ГъущIышыр дунейм томыху.
Свидетельство о публикации №120050308439