ГущIэкъу уэрэд

Жэщым мазэр
къэунэхумэ,
Къегъэнэхур
щIылъэр,
Гъуэлъи, Динэ,
зыгъэпсэху уэ,
КъэушыхукIэ
дыгъэр.

Вагъуэ цIыкIухэм
уэрэд жаIэ,
Сэ содаIуэ,
сфIэфIу,
Зыхэх уэри
вагъуэмакъыр, -
Ужеинущ IэфIу.

Жей,
си Динэ-щхьэбэринэ,
Нэсащ
икIэм махуэр,
СынолъэIу,
умыгъыринэ,
Жей,
си нэху, си дахэ.


Рецензии