Сыпхуэарэзыщ памяти отца

Е гъэсэкIэу сыбгъэсати
Си адэ Мухьэмэд,
Нобэр здэнэсам сысымей,
           къысхуэщтэркъым,
Дуней зэрапхъуэжым мылъку къысхуэхэкIынут -
           уи ущыехэм сэ себакъуэфам.
Уэ уи Парт билетым езыр ущыхуэпэжми,
Сыт ягъэ кIынт, хьэкIэпыч сыхъуам.
Дунейм и зы бзаджагъэ сымыщIэу сыбгъэсащи
           си сомитI и кIапэ зэтезмыгъэхуэф.
Уэи, дауи пщIакъым Партыр лъалъэжыну,
Абы щыгъуэми: си фэйдэ хэмылът,
Зэрыкъуажэу ящIэу уэ у адыгэлIти,
ЛIыжь-фызыжьу хъуам, пенсэ къребгъэтт.
Адыгагъэм, и къупхъэм уэ сомыгъэкIатэм,
Япэ итхэм щыщу олигарх сыхъуат,
Мэзкуу сыкIуау Госснаб СССР-м сыщIэту -
Раисэ, умыбылэрыгъ Жэмыхъуэ-къызжиIат?!
А зэманым, абы и нэхъыщхьэм, США-м
            щIы къыщищэхуат,
Къэралыр зырыкъутэм ар и зы нэщэнэу,
Псом нэхъапэу ар сэ зэхэсхат:
У адыгэм гугъукъэ, зыкIи къысщхьэпакъым.
Зи унафэкIэ Мэзкуу сыкIуа си "шефми",
Си щхьэм кърикIуам и зэран хэмылъ,
Мэ щоу уэ ищIэм-жиIэу зэи къызэгиякъым,
Сыбакъуэм ину фIэфIти, силъахъуэуэ
           щытакъым...
Ар нэгъуэщI зэгуэртэм лIэри зэгъэжакIэт,
Сэ, зэманым ябгэу сыпэщIэтщ,
Уэ къызэбнэкIа цIыхугъэм сыпсэухукIэ,
           сырикъунущ,
УздэкIуам хабзэфI щыIэм, абы Тхьэм
           ухимын!
Си пэублэ псалъэр ар хэзыгъэгъуазэщ
Ар, хуэхейми сщIэркъым Iэдэбагъ,
Адэм и псалъэр фIы ухуэзыгъазэщ,
А сэ IэщIагъэ сщIамкIэ, ар къэсщIынынщ
           сэтей.


Рецензии