Майм и 3-м 2018 гъ

          1
ЩIэпхъуау, хьэмкIэу кIуэ зэманым,
Ауэ щэлъахъэ етыгъуейкъым,
Зыбгъэбыдэу упэувми -
УтекIуэну уи къэрукъым.
ЩыIэщ жьэкIэ къимыIуатэу,
Абы щэхуу хуэмэхъашэ,
Хуaмeйy щIэх-щIэхыу жьы зищIыну,
ХэкIыпIэу щыIэм и лъыхъуакIуэ.
Аддэ пасэу пцIыхуа щIыхум,
Уи гур хощI гъуэнэгъуу уеплъым,
Уиплъэжа къыпфIощI уи гъуджи,
Богъей щэхуу къищ сурэтыр.
          2
Сыту IэфI итIани гъащIэр,
Жэгъуэгьу мини зэу уреIэ,
Хьэлым я нэхъыфIыу щыIэр —
Зыхэплъхьау къобэкIыу уиIэщ,
У дадэныр уи щэрылъу,
Уисэуныр сыт иуасэ,
КъохъулIащ уэ куэд гухэлъу,
Ухэнакъым цIыху насыпым.
Къыптеуами жьыгъэр пшапэу,
Уэ иджыри уи куэдщ джакIуэ,
Къыбдашхыну ахэм нышыр,
Зэхуэс иным уэ ураджэ.
          3
Гугъусыгъу хъуау жыхуаIэ гъащIэм,
Щхьэ махуэфI хэтын хуэмейрэ,
Уэ уи ныбжьыр хэкIуэтами,
Ноби уи бэщ гукъыдэжыр.
Фи щхьэр лъагэуэ флъэгъужу,
Фэ здеджахэр лIы куэд фохъу,
Нобэм къэс зыр зым федаIуэу,
Гуп дыгъэлу фызэхос.
Хабзэр фIыуэ зыгъэзащIэр,
Хасэм кIуэмэ фэ къытоуэ,
Фэ а Iуэхум фыхузхейкъым,
ФыремыIэ фэ жьантIакIуэ!
          4
ЦIыху ущие зыфIэмыфIхэр,
Згъэунэхуауэ сэ-сэгъуейщ,
Ахэм зэи къщIыкIкъым лIыфIхэ,
Пэшэгъу пщIыну узхуэмейщ.
Санэхуафэр къыфIэIуэхуу -
Хэт къэмыкIуэми Арыуан куейм,
Угъурлыхэщ ахэр нахуэу,
Зы хэмытыуэ щIыху Ieй.
Зы илъэскIэ уIэбэжым,
Дз Шэджэмт дыщызэхуэсар,
Ауэ зы щIыхум "Iым" жимыIэу,
Iэнэр дахэу екIуэкIащ,
          5
Дэ а махуэм тхуэжымыIэу,
Сытым хуэдэу куэд къэна,
ТемыпыIэу кIуэ зэманым,
ФIыкIэ дэ дыхиубыдащ.
Куэдым я жьэр ягъэузыу,
Ди блэкIар яуб,
ЩхьэкIэ, ахэр къулайсызу,
Сэ апхуэдэу фэ изоплъ.
Ди нэхъыжьхэм я гугъуехьхэр,
Ахэм псы хэкIуадэ ящI,
Къулей хъуау ямыпщIэнтIэпскIэ,
Тхуэмыфащэу Iумпэм дащI?..
          6
ЩымыIам Адыгэ Напэ,
Ахэм сэ яхуэфI сыхъунт,
Сэри ахэм ещхьу сфIэфIт-пыгъажэ,
Хэт къытежми деплъынт.
ИлъэситхукIэ къыздеджахэр,
Я пщIэнтIэпскIэ мэпсэуж,
Ди зэхуэсым, А б ы сещэр,
Фыкъеблагъэм - фщIынщ IутIыж!
Ди зэIущIэм цIыху мыгъасэ,
Ягъэ кIынкьым фынэмыкIуэ,
Фэ фи "лошкIэм" ***йщ щхьэ уасэ,
Абы и пщIэр дэ тхуетынкъым.
          7
Аулэдин къыщалъхуа махуэм,
Ди зэхуэсыр гъэкIэ тохуэ,
ФIыкъэ цIыхур Бэгъымбарым,
Абы щхьэхуэу дыхуэхъуахъуэ.


Рецензии