Щауэм и махуэ

Сеша - селIау пхафэм сетIысэхыу,
Шэмэдж сыуIуамкIэ мэкъур къыщызгъауэм,
Дыгъэ къэплъам и губжьыр къыстрилъхьэу,
Хьэуар си мащIэу Купыкъуэр езупсэкIт.
Пщэдджыжъ уэсэпсыр удзхзм темыкIау,
Згъэуа аргъынэхэр жыжьзуэ къэнат,
Аргъынэублэм занщIэу щIэзгъэувау,
Псыхуабэ щыщIахуау зы пэлыштоф кIэщIэтт.
Губгъуэм имыхьам имыщIэнкIэ мэхъу а псор,
Си ныбжь нэсау сэ сымакъуауэлIт,
"Шхуэмх апщий" - жиIэу блэкI пэт зыгуэр
                къаджэм,
Зэрыдихабзэу, гъуэмылэм сыкъекъуну арт.
Апхуэдэ щыIэу къэзмыщIэри хэлът,
Гъэ кIуам Iэнащтэм сымыкIуатэм, —
СощIэж а махуэм мэкъухъумэр "къыщыттеуэм",
Си адэм, алътмакъым зы бжьэ кърихау!?
Уи пэм лъы ивау утемытымэ дунейм,
ФIы куэдым гу лъыптэнущ - къыпщхьэпэну,
Ди хьэщIэр ещанэу щыхъуэхъуам,
Щхьэгъэрытым: къызэхъуэхъуэщ сызейхэм
                ещхь сэ сыхъужыну.
Абы и псалъэр зэуэ сэ спхыкIащ,
Сигъэлъэгъужу си щхьэр лъгэу,
Гум илъыр фадэм кърихуу зэхэсхакIэт,
Дауи жиIакъым ар мэкъухъумэм уафэм кърихьэхыу.
ТIыуащIэу гугъуми прэценткIэ мэкъу уеуэну,
Сэ си тхьрыIуэщ дыгъэр къуэмыхьау сымувыIэну,
Пшапэр зэхэуауэ ди жылэм сыдыхьэжым,
Сэ фIыуэ слъагъум я куэбжэм, зыслъэфу сыблэкIынущ!
Абы и цIэр жысIэуэ сымыджэми,
Сэ сощIэр, псэкIэ сыкъищIэнущ,
Ар жьыуэ, къытэджау псыхьэ щыкIуэм,
НэбгъузкIэ къаплъэуэрэ, сыздежьар
                зырыгъэщIэкIэщ.
Абы и закъужкъым сэ къызэщэр,
Сэ хъыджэбз - дэс сызыгъэхъухэр куэдщ,
Си мыкуэдатэм нэщэнэфIхэр,
Ахэр, сэрщхьэкIэ - къыздэжэнт.


Рецензии