Фемынахуэ Не печальте

ИугъащIэ "Iущхьэмахуэм"
Тезгъэзэенкъым сыпсэуху,
НэхъыфIат сыкIуэм щэщIэхум,
Хъыбар куэд абы щызахох...

Зыми IэкIэ имыIыгъыу
МакIэрахъуэ щIы хъурейр,
Куэд щопсэур абы гугъу ехьыу,
Абы сэ сегъэпIейтейр.

Си Iэдакъэм къыщIэкIахэм,
Езым сщIэуэ мышу хэтт,
Си мыгъуагъэу ищIыIужу -
Рифмэ "усэхэм" къахуэтт.

Ныкъусэн - стхахэм якуэдами,
Ахэм ауэ сегугъуат,
Сюжет гъащIэм къыхэсхахэм,
Уафэм къесьэха хэмытт.

Нэлкъут, - си щхьэм къитIэсами,
Зым шымыщу хэкIуэдат,
Стхам зыIуихыу зы еплхакъым,
Орфографиер - кхызэтенат?

ЦIыхухэм Iуащхьэщ я гукъейуэр,
Тхэн ***йяхэм дэгу защIащ,
Iуащхьэмахуэ сыт бубыдкIэ,
ГъащIэр екхъум щIихъумащ.

У хьэфизми уигъэгъынщ -
Хабзэншагъэу бэм къатехьэм,
Псалъэ Iущыр - ем и гынщ,
Феминахуэ утыку къихьэм!..

Алыф зи бзэкIэ къизытхъэм,
Сытым дежи пщIэ хуэфащэщ,
Сыропагэ анэдэлъхубзэм,
Къуэрагъ папщIэу ар сэ сиIэщ?


Рецензии