Нанэ

Сэлам узох, си нанэ дахэ.
Сыт уи хъыбар, дауэ ущыт?
Сыщы1эу нобэ хамэ лъахэм
Къысф1ощ1ыр зэм укъызбгъурыт.

Сэ дэнэ сигу сымгъэзами,
Нэгу зэй щ1эмык1ди Бэтэх ц1ык1у.
Щ1ып1э нэхъ дахэ сыбгъэк1уами,
Псом къахызох Дзэлыкъуэ щ1ыгу.

Сохъуапсэр нобэ, гъатхэ махуэм
Уи гъусэу хадэм сынихьэн,
Л1ы-къуажэдэсхэм щ1ы явахэм
К1эрт1офыр хуэму бдыхэссэн.

Пщэдджыжьым жьыуэ сытэджынти,
Уи гъусэу псыхъуэм сыдыхьэнт.
Ди псынэпс къабзэм щыщ къисхынти,
Сыныпхуэгуф1эу п1узгъэхуэнт.

Дунейм тыгъэм я нэхъыф1ыр
Сэ къызатуным сыхуэмей.
Псэр зыщ1эхъуэпсу нэхъ ф1э1эф1ыр
Зы1узгъэхуэнырщ уи жьэркуей.

Сынэк1уэжынт уи деж, си нанэ
Зэ уи лъэпагъ сыхэлъыжынт.
Ухуэдэу уэ тхьэрыкъуэ анэм,
Уи дамэм щабэу сыщ1элъынт.

Аращ, зэманри къэсащи
Иджы си 1уоху и ужь сохьэж.
Уи нит1ым си псэри пыщ1ащи
Ди  Тхьэм жьы псынщ1эу сахуишэж.

16.03.2015.


Рецензии