Бэнзэвщ Аузыр

Щхъэпылъэ сащIынум а бжесIам сытекIынкъым,
Сэ псом нэхь нэхъыфIыу-уэ узолъагъу,
Си нитIым къыщIэплъи уэ, укъимыщым,
ЦIыхухэм яжеIэ - Бубэ пцIыупсщ.
Дыщэ-дыжьыну уэспэсар щымытатэм,
Сэ зыри бжезмыIэу си гъуэгу сырикIуэнут,
Дунейм фIыгъуэу тетыр уэ къоуалIарэ пэт,
Гугъэ гуэр сигъэщIыну нэщэнэ бдэслъагъукъым.
Дапхуэдизу гу быдэу дунейм утемытми,
Си хьэтыр лъагъуи зэзакъуэ къэщабэ,
Уи щхьэгъубжэ лъабжьэм жэщ къэс сэ
                сыщIэмытми,
Уэращ сэ си гум щэхуу щызгъафIэр.
Сэ апхуэдизу абы сегъэхуабэри,
ЩIыIэ-техьэгъуэ дунейм тету сщIэркъым,
Сароу сыщытыну унафэ къысхуэщIи-
"Вольно" жумыIау а щIыпIэм сикIынкъым.
Бахъсэныжъ къипкI-къилъти, брум деж IуащIащ,
Иджы, ар Iэсэ хэуау, кIэнавэу йожэхыр,
Уэ пхуэсщIа лъэгъуныгъэм псыIудзэу иIэр,
ЗэгъащIэ быдэу-уэ си псэ закъуэрщ.
Бахъсэн аузыр кIыхъми, кIэщIми,
Сэ къысфIэIуэхуу япэм щытакъым,
Уэ, абы удэсу сэ къызэрысщIэрэ,
Ар бэнзэв хъуащи сыдэзэгъэжкъым,
Сэ, си хъуэрыбзэхэм еплъыт къедэIуи,
Абы хэбдзыну хъырц хэбгъуэтэнкъым,
Ар ещхьщ, фи гъуэнэгъуу псынэ къыщIэжым,
Узэпхырыплъу абджыпсыу къабзэщ!
ПхуэсщIа лъэгъуныгъэр гъуджэу згъэуватэм,
Абы уи инагъкIэ уэ укъищынут,
Бадзэ къыптетIысхъэм, сэ езым птесхуу,
Ухуитщ абы упсэуху уиплъэнум...
Уэ куэдрэ апхуэдэу укъызэпагэнум,
Сэ хъарыпыр абы гуемыIу сырихъунущ,
А бжесIэ псалъэхэм афIэкIау пщIэ ямыIэм,
Ахэр итIанэ сыту сэ сщIыну.
                1975 гъ.


Рецензии